Анэ мылъкур зэрыпхъумэнур

Фысакъ

Бын къызыщIэхъуэ унагъуэхэм я дежкIэ щIэгъэкъуэнышхуэщ ди къэралым щат анэ мылъкур. Ар къызэрыбгъэсэбэп хъу Iэмалхэм заубгъу, арщхьэкIэ зэкIэ нэхъыбэу зыхуаунэтI хъур я псэупIэхэр ирагъэфIэкIуэнырщ: фэтэрхэр къащэхунырщ, унэхэр яухуэнырщ, апхуэдэ мурадкIэ къэралым къыIаха щIыхуэр япшыныжынырщ.
Ауэ интернетымрэ социальнэ сетхэмрэ мымащIэу дыщрохьэлIэ хъыбарегъащIэ зэхуэмыдэхэм. БзаджащIэхэм цIыхухэм хуагъэлъагъуэ псэупIэхэр къыщащэхукIэ, анэ мылъкур ахъшэ Iэрылъхьэм щыхуагъакIуэкIэ ядэIэпыкъуну.
Зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым анэ мылъкум и сертификатыр хабзэмкIэ мыубзыхуа мурадхэм къыхуэгъэсэбэпыным, апхуэдэу ар ахъшэ IэрылъхьэкIэ зэхъуэкIыным яужь уихьэным уголовнэ жэуап къишэнкIэ зэрыхъунур. Мыбдежым ар щыхуагъадэ ахъшэшхуэ зэIэпахыу зэхащIыхьа хьэгъэщагъэм. Сертификатыр зейри щIэпхъаджагъэм хэпщIауэ къалъытэнкIэ хъунущ.
Фи унагъуэм щIыхуэр къэвгъэсэбэпу псэупIэ къэфщэхуну мурад фщIамэ, мыхэр зыщывмыгъэгъупщэну чэнджэщ къывет Социальнэ фондым:
- ахъшэр къызэIыфх IуэхущIапIэм и уставым итын хуейщ цIыхухэм щIыхуэ яритыну зэрыхуитыр;
- апхуэдэу щIыхуэр къызэрыватыну икIи зэрыфпшыныжыну щIыкIэхэр, абыхэм къадэкIуэуи мы IуэхущIапIэм къыпхуищIа а Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэр зэгурыIуэныгъэм къыщагъэлъэгъуэн зэрыхуейр;
- щIыхуэр фи банк счётым илъын хуейщ, псэупIэр къэфщэхуху. ИужькIэ фэ езым а ахъшэр ивот псэупIэ къыхэфхар къывэзыщэм.
- щыIэ мардэхэм къитIасэ икIи зэпымыууэ ущыпсэуну къезэгъ фэтэрхэр къыхэфх, лъэIу тхылъыр, дэфтэрхэр хуабжьу фыхуэсакъыу вгъэхьэзыр икIи фэ езыхэм ахэр Урысейм Социальнэ фондымкIэ и IуэхущIапIэм фхьы, къэрал Iуэхутхьэбзэхэм я порталыр къэвгъэсэбэп, Iуэхутхьэбзэ къыфхуащIэну къывжезыIэ фимынэIуасэ цIыхухэм запывмыщIэ.
«Мазаем и 1-м къыщыщIэдзауэ анэ мылъкур проценти 7,4-кIэ индексацэ ящIащ. Иджы япэ сабийм и сертификатым сом мин 630,4-рэ, етIуанэм – сом мин 833-рэ яхуозэ. Мыбдежым къыщыгъэлъэгъуэн хуейщ япэ сабийм папщIэ анэ мылъкур зрата адэ-анэхэм аргуэру зы сабий къащIэхъуэмэ, сом мин 202,6-рэ зэрыхущIагъунур», - жиIащ Урысейм и Социальнэ фондым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщI Бакъ Николай.
А IуэхущIапIэм и пресс-IэнатIэм дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, зэрыщыту къапщтэмэ, зи гугъу тщIы программэм лэжьэн зэрыщIидзэрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм сертификат 91324-рэ щатащ. Абыхэм ехьэлIауэ хуаутIыпщащ псори зэхэту сом мелард 17,7-рэ.
 

 

Зыгъэхьэзырар УЭРДОКЪУЭ Женящ.
Поделиться:

Читать также: