Къащыгугъхэм зыщIагъакъуэ

УФ-м и Президент Путин Владимир мазаем и пэм «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и лэжьыгъэр зытещIы­хьахэм зригъэубгъуащ. Иджы абы хузэфIэкIынущ езым  и ахъшэкIэ иджырей мардэхэм тету къыдагъэкI протезхэмкIэ СВО-м хэтахэр къызэригъэпэщыну. Нэхъ ипэкIэ  и къалэну щытар а Iуэхум тещIыхьауэ Урысейм и Социальнэ фондым щыхьэт зэрытехъуэ электрон тхылъыр къыщыдахынымкIэ щIэгъэгъуэн яхуэхъунырт. 

Къэбгъэлъагъуэмэ, узыншагъэр зэрырагъэфIакIуэ техникэ хьэпшыпхэмрэ протезхэмрэ пщIэншэу къаIэ­ры­хьэнымкIэ фондым мы зэманым зыщIигъэкъуащ дзэ Iуэху хэхам хэта цIыху мин 1,8-м.
- IуэхущIапIэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ ди ­зауэлIхэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ ягъуэтынымкIэ за-       щIэгъэкъуэныр. Дэ дыхущIокъу, хуэныкъуэхэм медицинэ Iэмэпсымэхэр ялъэгъэIэсыным и мызакъуэу, ахэр къызэрагъэсэбэпынуми хуэIэрыхуэ хъунымкIэ защIэдгъэкъуэну. Апхуэдэу дадолажьэ медицинэ, къэхутакIуэ, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм. Урысейм Промышленностымрэ  сатумкIэ  и   министерствэм   и ЦIыхубэ медицинэ къэхутэныгъэ центрым ди зауэлIхэм я узыншагъэм зэпымыууэ щыкIэлъоплъ - протезыр щы­хуагъэхьэзырым къыщыщIэдзауэ ар къагъэсэбэпыфу егъэ­сэным щыщIэкIыжу, - жеIэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» фон- дым и унафэщI Цивилевэ Аннэ.
Абы къыхигъэщащ Донбассымрэ Новороссиемрэ зэры­щагъэбелджылар СВО-м хэтауэ ныкъуэдыкъуагъ зыгъуэтахэр спортымрэ физическэ щэнхабзэмрэ зэрыхэтыфыну IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэща зэрыхъунур. Псалъэм ­папщIэ, 2024 гъэм и япэ мазищым апхуэдэ протезхэр ­хуагъэхьэзырынущ цIыху 60-м. 
Мы зэманым IуэхущIапIэм координатор мини 3,5-рэ щолажьэ. Абыхэм яхэтщ хэкум и хъумакIуэу хэкIуэдахэм я ­унагъуэхэм щыщ цIыхуи 100-м щIигъурэ дзэ Iуэху хэхамрэ ­нэгъуэщI зауэхэмрэ я ветерану 300-м нэблагъэрэ. Фондым лэжьэн зэрыщIидзэрэ къаIэрыхьащ СВО-м хэтахэмрэ абыхэм я Iыхьлыхэмрэ къабгъэдэкIыу зэрызыхуагъазэ т­хыгъэ мин 740-м нэс. Абы щыщу Iуэхугъуэ мин 630-р зэхагъэкIащ, къэнахэм адэкIи йолэжь. «Хэкум и хъумакIуэхэр» урысейпсо фондым зэгурыIуэныгъэ 40-м щIигъу ярищIы-лIащ IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэмрэ медицинэ, мылъку къэлэжьыным зи лэжьыгъэр темыухуа нэгъуэщI IэнатIэхэмрэ. 
- Дзэ Iуэху хэхам хэтахэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядэIэ­пыкъуным теухуа куэд зэфIэдгъэкIащ. Абы щыгъуэми щыIэщ хабзэм зэхъуэкIыныгъэ хыумылъхьауэ, къэралым и правительствэмрэ министерствэ щхьэхуэхэмрэ я дэIэпы­къуныгъэ хэмылъу дызэмыбэкъуэфыну лъэпощхьэпохэри. Псалъэм папщIэ, УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и ми­нистерствэм мы зэманым дедгъэкIуэкI лэжьыгъэр зытеу­хуар ди лIыхъужьхэм я узыншагъэр къегъэпщытэныр къэ­ралым и щIыналъэ псоми къызэрыщызэрагъэпэщынырщ - дзэ Iуэху хэхам къыхэкIыжа и ужькIэ, гъэ къэс илъэсищым къриубыдэу зыкIэлъыгъэплъыжыныр къэлъытауэ, - ды­щIегъу фондым и унафэщIым. 
Апхуэдэуи Цивилевэм къыхегъэщ псапэ Iуэхухэр къызэ­зыгъэпэщ IуэхущIапIэхэм фондыр зэрадэлажьэм и фIыгъэкIэ, лIыхъужьхэм зыкъызэрыхуагъазэ Iуэхугъуэ ­нэхъыбэкIэ зэрызыщIагъэкъуэфыр. «Псалъэм и хьэтыркIэ, ­ветеранхэр я унэ къэкIуэжа нэужь, я дзэхэр Iурагъэлъхьэным ихьыну ахъшэм щыпэмылъэщ куэдрэ къохъу. Дэ дыхьэзырщ апхуэдэ IуэхукIэ зыкъытхуагъазэми, псапэ фондхэм щызэхуахьэс ахъшэхэм щыщ абы хухедгъэхыну», - пещэ цIыхубзым.
Абы зэрыжиIамкIэ, къэкIуэну зэманым фондым и мурадщ ветеранхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ дэIэпыкъуныгъэхэмрэ арэзы къищIрэ-къимыщIрэ къипщытэну.
Цивилевэм къызэрыхигъэщамкIэ, «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондыр мы зэманым йолэжь дзэ Iуэху хэхам хэту зи Iэпкълъэпкъым сэкъат игъуэтахэм я псэупIэхэм нэхъ тыншу зэрыщызекIуэн, зыхуей щыхуэзэн хуэдэу къызэры­зэра­гъэ­пэщынуми. Псалъэм папщIэ, пщэфIапIэм щIэтыпхъэхэр къызэрагъэсэбэпыфынум тещIыхьауэ хуащI, зытхьэ­щIы­пIэхэр, стIолхэр я лъагагъ-лъахъшагъкIэ узэрыхуейм хуэдэу тебухуэу хуагъэув, «умный дом» IэмалымкIэ къызэрагъэ­пэщ. Япэу апхуэдэ пэшхэр зыхуей щыхуагъэзар Москва об­лас­тырщ.
«Иджыпсту фондым егъэхьэзыр къыщыгугъхэм зэра­дэIэпыкъуну Iэмалхэм нэхъри зэрызригъэубгъуну щIыкIэр», - къыхегъэщ Цивилевэм.
БАГЪЭТЫР  Луизэ.

Поделиться: