Журт лъэпкъым и фэеплъуКотляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн къыщыдэкIащ. Абы итщ Мелиховэ Галинэ и «Жид, или Кубанский псалом» повестымрэ Налшык щыщ уэрэджыIакIуэ икIи композитор Амирамов Ефрем и IэдакъэщIэкI усэхэмрэ. - Галинэрэ Ефремрэ зэдэлъхузэшыпхъущ, ауэ я зэблагъэныгъэракъым а тIум я гуащIэр зы тхылъым щызэхуэхьэса щIэхъуар. Повестымрэ усэхэмрэ щыпхышащ зы гупсысэ: дунейр зэпIэзэрыту зэтеIыгъа хъун папщIэ щыIэн хуей лъэпкъым хуэдизщ дунейм тетыр, - жеIэ тхылъыр къыщыдэкIа IуэхущIапIэм и унафэщI Котляров Виктор. – А хабзэр зыми зэпиудыфынукъым, апхуэдэ хуитыныгъэ зы цIыхуми иIэкъым. Ар наIуэ пщещI тхылъыр зи IэдакъэщIэкIхэм я адэ, бгырыс журт лъэпкъым къыхэкIа Амирамов Григорий и гъащIэм. Ар Уэрэдымрэ къафэмкIэ къэрэшей къэрал ансамблым и къызэгъэпэщакIуэу, балетмейстеру, и япэ унафэщIу щытащ, зауэ нэужьым утыкур ибгынащ, и щхьэгъусэмрэ и къуэ нэхъыжь илъэсибл зи ныбжьымрэ Багдановкэ зэрыщаукIам щхьэкIэ щыгъуэу.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||





