Уасэхэм зэрыхэхъуэм пэщIэту

Урысейм и Лъэпкъ банкым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, республикэм инфляцэр зымащIэкIэ щехащ икIи дызэрыт илъэсым и щIышылэм ирихьэлIэу проценти 6,8-рэ хъуащ. Кавказ Ищхъэрэм ику иту щыщыIэ бжыгъэхэм проценти 8,07-рэ къагъэлъагъуэ, къэралым – проценти 7,44-рэ.

Инфляцэм кIэрыхуныр къызыхэкIар цIыхухэм иращэ ерыскъым и куэдагъымрэ лIэужьыгъуэ хуагъэлъагъуэмрэ къазэрыхэхъуэмрэ сату щIапIэхэм ахэр нэхъыбэу щызэрагъэкIуэкIын, щэхуакIуэхэр къыдахьэхын папщIэ къагъэсэбэп маркетинг Iуэхугъуэхэмрэщ. Псалъэм къыдэкIуэу, уасэхэм кIэрагъэху, продукцэ щхьэхуэхэм ехьэлIауэ акцэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр ирагъэкIуэкI, н.къ.
Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу, бэдрэжанымрэ нащэмрэ я уасэм республикэм щыкIэрыхуащ. Ар къызыхэкIари хуабапIэхэм къыщагъэкI хадэхэкIхэр бэзэрхэмрэ сату щIапIэхэмрэ нэхъыбэ зэрыщыхъуарщ. ХадэхэкI фIэIугъэхэми я уасэм кIэрыхуащ икIи 2022 гъэм и дыгъэгъазэм щыIам ар хуэкIуэжащ. Ар зи фIыгъэр щIыбым къыщагъэкIым я куэдагъым илъэс къэс къызэрыхэхъуэрщ. А псом къадэкIуэу, хадэхэкI, пхъэщхьэмыщхьэ консервхэр къыщIэгъэкIынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэралым щыпэрытщ. 
Апхуэдэуи джэдыкIэ уасэм кIэрыхуащ, илъэс псом абы хэхъуэ зэпыту нэгъабэ зэрекIуэкIар къэбгъэлъагъуэу щытмэ. ДжэдыкIэр, зэрыжаIэу, иджыпсту щапIэхэм щыкуэдщ, хамэ щIыпIэм кърашхэри къахыхьащ. 
ДыщэхэкIым, вакъэм, щыгъыным, щIагъщIэлъым я уасэхэри щIышылэм нэхъ мащIэ хъуащ. Мыбдежми, щэхуакIуэхэр къыдахьэхын, я прродукцэр пхагъэкIын папщIэ, маркетинг Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр сату щIапIэхэм ирагъэкIуэкIащ. Апхуэдэ щхьэусыгъуэхэмкIэ смартфонхэми тхьэкIумэм Iуплъхьэу телефонхэм къатхэм узэредаIуэхэми я уасэм кIэрыхуащ.
Псори зэхэту къэбгъэлъагъуэмэ, къэралым щыщыIэ илъэс инфляцэм, 2024 гъэм и щIышылэм ирихьэлIэу, зэхъуэкIыныгъэшхуэ игъуэтакъым икIи ар проценти 7,4-м къыщыувыIащ. 
Урысейм и Банкым къызэрилъытэмкIэ, 2024 гъэм и кIэм инфляцэр проценти 4,5-м нэсу ехынущ икIи проценти 4-м нэхъ пэгъунэгъуу къыщызэтеувыIэнущ. 
 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: