ХьэрычэтыщIэхэм я Iуэхухэр дагъэпсынщIэу

«Кавказ.РФ»-м ЗыужьыныгъэмкIэ и институтым Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я хьэрычэтыщIэхэм я IуэхущIапIэхэм зыщыхуэныкъуэ техникэхэмрэ лэжьыгъэхэм къыщагъэсэбэп оборудованэ нэхъыщхьэхэмрэ фейдэ хэлъу къызэращэхун IэмалыфIхэр къахуигъуэтащ. Абы щхьэкIэ узыхуеину дэфтэрхэр, къакIэлъыпкIухьын хуэмейуэ, езым къанэ щымыIэу зэригъэпэщащ, Iуэхур зэфIэкIа нэужь Iэ щIэбдзыжын фIэкIа къэмынэу.
Ауэ хьэрычэтыщIэхэм щIыхуэу къащтэ техникэмрэ оборудованэмрэ Iэмал имыIэу ди къэралым и заводхэм къыщыщIагъэкIауэ щытын хуейщ, дэлэлхэм я деж къыщащэхури хэту.
Илъэсибл пIалъэм къриубыдэ финанс дэIэпыкъуныгъэм и куэдагъыр техникэм е оборудованэм и уасэм и процент 70-м щIигъун хуейкъым.
«Дэ къыхэтлъхьа Iуэхугъуэм текIуэдэнур нэхъ мащIэщ лизингкIэ техникэ къыщащэхум ихьым нэхърэ. ХьэрычэтыщIэхэм, псалъэм папщIэ, ахъшэ щIыхуэ къащтэ хъунущ, техникэ къащэхур абы пагъакIуэу шэсыпIэу ягъэуву. Лэжьыгъэ IэнатIэр езыгъэфIэкIуэну е IуэхущIапIэщIэ къызэIузыхыну хуейхэм я дежкIэ ар куэдкIэ нэхъыфIщ. ТехникэщIэ, оборудованэщIэхэр IэнатIэм къыщыхыхьэм деж абы нэхъ псынщIэу зеужь, хэхъуэ нэхъыби къет, щыIэхэр къэбгъэщIэрэщIэжыным, къызэбгъэпэщыжыным текIуадэр нэхъ мащIэ мэхъу», - къыхигъэщащ «Кавказ.РФ»-м и унафэщIым и япэ къуэдзэ Цемахович Андрей.
Нэгъабэ щегъэжьауэ «Кавказ.РФ»-м хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ хыхьэхэм яхуегъэхьэзыр я Iуэхухэр нэхъ тыншу зэрыдэкIыным ехьэлIа дэфтэрхэр. Ахэр нэхъыбэу хуэгъэпсащ IэнатIэ зэхуэмыдэхэр лажьэу егъэжьэным, псалъэм папщIэ, туризмэм, хьэщIагъэм пыщIахэм, Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэр цIыхухэм яхуэщIэным.

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: