Си гъащIэм и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэ

 «Уафэра хьэмэрэ хыра нэхъ иныр?» - сыщысабийм си анэм куэдрэ сеупщIырт абыкIэ. «Дауи, уафэращ нэхъ иныр», - къызжиIэрт си анэм. А псалъэхэр щызэхэсхкIэ, сыгуфIэурэ мамэ IэплIэ хуэсщIырти жесIэрт: «Уафэм и инагъым хуэдэщ-тIэ сэри уэ пхузиIэ лъагъуныгъэр». 

Сэ уафэр абрагъуэут си нэгу къызэрыщIыхьэр икIи абы и инагъым, и жыжьагъым кIэ зэримыIэм хуэдэу, си анэм хузиIэ лъагъуныгъэри мыухыжщ. А си псалъэхэр мамэ къызэрыщыхъуу щытар нобэ сщIэжыркъым, ауэ, нэхъыщхьэращи, гуми псэми къыбгъэдэкIыу абы щыгъуэм жысIахэм я мыхьэнэр сэ кIуэ пэтми нэхъ куууэ зыхызощIэ. 
Дауи, дэтхэнэ зы цIыхуми и анэр зыпищIи ар зыхуигъади щыIэкъым. Сэри аращ, си анэр си гъащIэм и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэщ. Япэми хуэдэу абы хузиIэ лъагъуныгъэр гъуни нэзи зимыIэ уафэм хузогъадэ, ауэ языныкъуэхэми шэч къытызохьэ си гурыщIэр мынэхъ ину пIэрэ жысIэу. 
Дэтхэнэ зы цIыхум и дежкIи и анэм нэхъ лъапIэ дунейм теткъым. Анэр гъащIэм и дыгъэщ. Бынымрэ анэмрэ яку зэпыщIэныгъэ быдэ, лъагъуныгъэ куу дэлъщ. Къапщтэмэ, анэм быным хуиIэ гурыщIэм лъащIэ иIэкъым, абы и лъагъуныгъэм нэхъ къабзи умылъыхъуэ - бгъуэтынукъым. Анэхэм я гъащIэр я бынхэм ятеубгъуауэ яхь. ЩыIэкъым зы быни анэм и хьэкъыр хуэпшыныжыну. 
Ди анэ лъапIэхэм хуагъэпса усэхэр, уэрэдхэр куэду щыIэщ, мащIэкъым абыхэм траухуа тхыгъэхэри. Мыбдежым къэсхьыну сыхуейт «Тхьэмрэ сабиймрэ я псалъэмакъ» хъыбарыжьыр.
Дунейм къытехьэным зы махуэ иIэжу сабийр Алыхьым еупщIащ:
- Сэ сщIэркъым мы дунейм сыщIэкIуэм и щхьэусыгъуэр. Сыт сэ сщIэн хуейр?
- Умыгузавэ. Сэ уэ гъусэ пхуэсщIынущ сытым щыгъуи къыпкIэлъыплъын мелыIыч. Уэ абы псори къыбгуригъэIуэнущ, - жиIащ Алыхьым.
- Дауэ сэ абы жиIэр къызэрызгурыIуэнур, и бзэр сымыщIэмэ?
- А мелыIычым езым и бзэр уигъэщIэнущ. Абы уэ Iейм ущихъумэнущ.
- Дапщэщ икIи дауэ сэ уи деж къызэрызгъэзэжынур?
- Уи мелыIычым псори къыбжиIэнущ.
- Ди, Тхьэшхуэ, хэт-тIэ а си мелыIычым и цIэр?
- Абы цIэ куэд иIэщ, уи дежкIэ а псоми мыхьэнэ яIэкъым. Уэ абы узэреджэнур Анэщ.
 ДывгъэгъэлъапIэ, фIыуэ дывгъэлъагъу, пщIэ хуэдвгъэщI ди анэхэм. Абыхэм ящIыгъуу дгъакIуэ дакъикъэхэр уасэншэщ. ЩыдвмыгъэгъащIэ ахэр ди гулъытэ. Анэр быным нэхъыбэкIэ щыгугъыркъым. Бын гулъытэрщ анэм дежкIэ тыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр. ЯжедвгъэIэ абыхэм щIэх-щIэхыурэ фIыуэ зэрытлъагъур. 
Си анэ дыщэ, уузыншэу, угуфIэу, угушхуэу Тхьэм куэдрэ ди япэ уригъэт.
 

КУМЫЩ ФатIимэт.
Поделиться: