ДызэщIыгъумэ икIи дызэкъуэтмэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм исхэм зэрызахуигъазэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщI­хэ!
Си лъахэгъу лъапIэхэ!
Гъатхэпэм и 8-р Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм и тхыдэм къыщыхъуа гузэвэгъуэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Илъэс 80 ипэкIэ а махуэм ­балъкъэр лъэпкъыр залымыгъэкIэ я хэкум ирагъэкIащ, гугъуехь куэдым пхыкIащ, щыщIэныгъэшхуэхэр ягъуэтащ.
Дэ лъахъшэу ди щхьэр яхудогъэщхъ залымыгъэмрэ хабзэн­шагъэмрэ я зэранкIэ хэкIуэдахэм, щхьэхуимыту хамэ щIыпIэ къыщыхутахэм я ­гуауэмрэ гугъуехьымрэ зыхыдощIэ.
Сыт хуэдиз гуауэрэ гузэвэгъуэрэ къалъы­къуэ­кIами, балъкъэр лъэпкъыр къызэфIэщIакъым, илъэгъуа мыгъуагъэ, игъуэта хэщIыныгъэ псоми зэрыпэщIэтыфа Iущыгъэмрэ быдагъэмрэ хуэ­фэщэн пщIэ худощI. Абы и гурыщIэ къабзэхэр, и хабзэхэр, и бзэр ихъумэжыфащ икIи и адэжь хэкум къигъэзэжа нэужь ­гъащIэм и унэтIыныгъэ куэдым ехъулIэныгъэшхуэхэр щызыIэ­ригъэхьащ.
Нобэ балъкъэр лъэпкъыр гушхуэныгъэ хэлъу пщэдейрей ­махуэм хуоплъэ икIи республикэм, Урысейм ис лъэпкъхэм я унагъуэ зэкъуэтым хэту мамырыгъэм и лъагъуэм тету ипэкIэ макIуэ.
Шэч къытесхьэркъым дызэщIыгъумэ икIи ды­зэкъуэтмэ, гугъуехь псоми дазэрыпэлъэщынум, дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрыр, ди Хэкур егъэ­фIэкIуэным хуэгъэзауэ зыхуэдгъэувыжа мурадхэр къызэрыдэхъулIэнум.

Поделиться: