Суд приставхэм я чемпионатымУрысей Федерацэм и Суд приставхэм я къэрал къулыкъущIапIэм и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэу Хьэкъул Ибрэхьимрэ Гъуэтыж Темыркъанрэ зэуэкIэ спорт лIэужьыгъуэ зэхэтхэмкIэ иджыблагъэ екIуэкIа республикэ зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщахьащ. Иджы абыхэм Iэмал яIэ хъуащ УФ-м и ФСПП-м и чемпионатым и кIэух зэпеуэм хэтыну.
Къыхэдгъэщынщи, зэхьэзэхуэхэр Олимп мардэхэм тету ирагъэкIуэкIащ – хагъэщIар занщIэу хэкIыу. Я хьэлъагъ елъытауэ спортсменхэр гупийуэ гуэшауэ щытащ.
Иджы КИФЩI-м и командэ къыхэхам хэту Хьэкъулымрэ Гъуэтыжымрэ щызэуэнущ Мэзкуу къалэм мыгувэу щекIуэкIыну чемпионатым.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 14:22 →
Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
02.05.2024 - 12:31 →
Зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI дохутыр
02.05.2024 - 12:28 →
ТхьэкIумэкIыхь зыгъэхъухэм ящIапхъэщ
01.05.2024 - 13:43 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» зрагъэубгъу
|