Киномрэ театрымрэ я вагъуэхэр щоджэгуМосква МузыкэмкIэ и лъэпкъ къэрал музейм иджыблагъэ Iуэху гуапэ щекIуэкIащ. Абы щагъэлъэгъуащ адыгэ актрисэ, сценарист, композитор, режиссёр, драматург Жэман Iэминэ и пьесэм къытращIыкIа «Шаляпин/О’Нил» спектаклыр, МТС банкыр и дэIэпыкъуэгъуу. Жэман Iэминэ куэд щIауэ зи IэдакъэщIэкIхэм дихьэх американ драматург цIэрыIуэ О’Нил Юджин и хъуэпсапIэу псэуащ урыс оперэ уэрэджыIакIуэ Шаляпин Фёдор дэлэжьэну, ауэ ар къемыхъулIэурэ дунейм ехыжащ. Апхуэдэ дыдэу Шаляпинми О’Нил и тхыгъэхэр игу дыхьэу щытащ. Дунейпсо щэнхабзэм зи цIэр къыхэна цIыху цIэрыIуэхэм я гъащIэрщ Iэминэ пьесэр итхыным лъабжьэ хуэхъуари. Ауанрэ оперэу зэхэт спектаклыр Шаляпинхэрэ О’Нилхэрэ я унагъуэхэр зыхуэдам, я псэукIам къытращIыкIа япэ лэжьыгъэщ. Совет Союзми Америкэм и Штат Зэгуэтхэми я щэнхабзэ Iэнатэхэм я лэжьакIуэхэм 1928 гъэм къемыхъулIар Жэман Iэминэ и къарукIэ зэрызэфIихар гуапэщ.
Сурэтхэр Габитовэ Аннэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
16.12.2025 - 16:30 →
Ди Пщызэбий
16.12.2025 - 16:15 →
И зэран къомыкIмэ…
16.12.2025 - 13:02 →
ЩIыналъэхэр ягъэдахэ
16.12.2025 - 09:00 →
Iуащхьэмахуэ лъапэ зрагъэужь
15.12.2025 - 11:37 →
Щыпсэу щIыналъэм къыщалъыхъуэ
| ||







