Жыджэру Iэ яIэт

Урысей Федерацэм и Президент хэхыныгъэхэр ирагъэкIуэкIын  папщIэ, гъатхэпэм и I5-м Тэрч районым хэхыпIэу 25-рэ къыщызэIуахащ.

Ахэр зыхуей IэмэпсымэхэмкIэ псори къызэрагъэпэщащ, IэIэтыр тыншу,  шынагъуэншэу зэрекIуэкIыну Iэмалхэри абыхэм къыщалъытащ.

Сыхьэт бжыгъэр 08:00 зэрыхъуу, хэхыпIэхэм япэ хэхакIуэхэр екIуэлIэн щIадзащ. Абыхэм яхэту Iэ иIэтащ Тэрч районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Хъущт Аслъэнбии. «Урысейм и къэкIуэну дахэм папщIэ нобэ Iэ доIэт! ЦIыхухэр къыхузоджэ я Iуэху еплъыкIэхэр Iэмал имыIэу хэхыныгъэхэм къыщагъэлъэгъуэну», - жиIащ абы.

ЦIыхухэр жыджэру йокIуалIэ Дей къуажэм къыщызэрагъэпэща хэхыпIэм. Iэ яIэтын папщIэ, емызэшу ахэр чэзум зэрыхэтым къегъэлъагъуэ фIыуэ къазэрыгурыIуэр УФ-м и Президентыр хэпхыну илъэсихым зэ фIэкIа Iэмал зэрамыIэр икIи нэхъыфIыр хахыным зэрыхуэпабгъэр.

Хэхыныгъэхэм и япэ махуэм «Тэрч налмэс» заводым и лэжьакIуэ 250-м нэблагъэ Iэ яIэтыну автобусхэмкIэ хэхыпIэхэм яшащ.

КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.

 

Поделиться: