Зэрыхуэхьэзырыр къепщытэКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысей Федерацэм и президент хэхыныгъэхэр егъэкIуэкIыным щIыналъэхэр зэрыхуэхьэзырым теухуауэ щIыпIэ администрацэхэм я унафэщIхэр зыхэт зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и унафэщI Джэш Вячеслав. Абы жиIащ УФ-м и президент хэхыныгъэхэр республикэм щегъэкIуэкIыныр КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и нэIэ зэрыщIэтыр: щIыпIэ хэхакIуэ комиссэу 13, участкэ хэхакIуэ комиссэ 355-рэ къыщызэрагъэпэщащ ди деж. А IэнатIэхэм я лэжьакIуэу Iуэхум къыхашащ цIыху мини 3-м нэблагъэ.
Поделиться:
Читать также:
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
27.04.2024 - 16:12 →
ЩIыуэпсым хэт пэлъэщыфар?!
|