ЗэIузэпэщ ящIыну щIыпIэхэр

Гъатхэпэм и 15 - 17-хэм къэ­ралым щекIуэкIынущ зэIу­зэпэщ ящIыну щIыпIэхэр къыхэхыным теухуа Урысей­псо IэIэт. Ар ­ирагъэкIуэкI  Урысейм и Президент Путин Владимир къыхилъхьа, «Псэ­у­пIэмрэ къалэ уэрамхэмрэ» лъэпкъ проектым хыхьэ «Къалэр тыншыпIэм хуэ­щIауэ къы­зэгъэпэщын» къэрал проектым ипкъ иткIэ.

Абы зэрыхэтым и фIыгъэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым зэ­Iу­зэ­­пэщ щащIыжащ жылагъуэ щIы­пIэу 196-рэ, пщIантIэу 517-рэ, утыкуу 47-рэ, жыг хадэ цIы­кIуу ­38-рэ, нэгузегъэужьыпIэу 19, лъэс лъагъуэу, щыджэгу, спорт утыкуу зыкъом. Абыхэм ящыщ куэдымкIэ цIыхухэм Iэ яIэтащ.
Путин Владимир Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къыщигъэлъэгъуащ лъэпкъ проектым 2030 гъэ пщIондэ къызэрыпащэнур. ­Абы и къалэныр къалэхэм я теплъэхэр егъэфIэ­кIуэ­нырщ, цIыхухэм я унагъуэм щыщхэм, я ныбжьэгъухэм ящIыгъуу зэманыр щхьэпэу щагъэ­кIуэн, зы­щагъэпсэхун  жылагъуэ щIы­пIэхэр къызэгъэпэ­щы­нырщ.
IэIэтым Iэмал къет щIыналъэм и зыужьыныгъэм дэтхэнэми езым и хэлъхьэныгъэ хуи­щIы­нымкIэ. БлэкIа илъэ­сым Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу а Iуэхум хэтащ цIыху мин 80.
Мы илъэсым IэIэтым хагъэ­хьащ объект 18: Урысейм и ЛIыхъужь Тэмазэ Тимур и цIэр зезыхьэ уэрамым щыIэ ­Щхъуэмч лъэс лъагъуэр, Мэлбахъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым щыIэ, 115-нэ шуудзэм и жыг хадэ цIыкIур, Бахъсэн къалэм Кировым и уэрамым деж Совет Сою­зым и ЛIыхъужь Гагарин Юрий и цIэкIэ щыIэ жыг хадэ цIыкIумрэ лъэс лъагъуитI­рэ, Прохладнэ ­къалэ ЗАГС-м и утыкумрэ абы и гупэ къит ал­леемрэ, Май къалэм «Родина» щэнхабзэмкIэ унэм и гупэ утыкумрэ Комаровым и ­цIэр зезыхьэ уэрамым лъакъуэры­гъажэкIэ къыщыбжыхь хъу и ­гъуэгумрэ, Нарткъалэ - Ахъмэ­тым и цIэр зезыхьэ, Краснэ уэ­рамхэм тет жыг хадэ цIыкIухэр, Тэрч и «КъухьэпIэ» паркымрэ ЕджапIэ аллеемрэ, Тырныауз­ ­къалэм и Iуащхьэмахуэ уэрамым и лъэс зекIуапIэмрэ Молодежнэ уэрамдэкIым тет жыг хадэ цIы­кIумрэ, Шэджэм - Лагернэ уэ­рамым, къалэм и Ипщэ хьэб­лэ­щIэм иIэ жыг хадэ цIыкIухэм.
Республикэм и цIыхухэр Iэ­Iэтым хэт хъунущ гъатхэпэм и              15-м щегъэжьауэ. Псоми щы­гъуазэ защыхуэпщIыфынущ ­национальныепроекты.рф. IэIэт сайтым.

Поделиться:

Читать также: