Къуажэ уэрамхэр зыхуей хуагъазэКъэбэрдей-Балъкъэрым Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Тэрч щIыналъэм щыщ Дей, Акъбащ Ипщэ, Терекскэ жылэхэр зэпызыщIэ автомобиль гъуэгур мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Ар хагъэхьащ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм.
Иджыпсту лэжьыгъэхэр щокIуэкI Терекскэ (Болэтей) и къуажэкум. Мыбдеж щызэрагъэпэщыж километр 1,3-рэ зи кIыхьагъ, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамыр. Абы къедзылIащ цIыхухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ ухуэныгъэу жылэм дэт зыбжанэ – курыт еджапIэр, сабий садыр, къуажэ администрацэм и унэр, ЩэнхабзэмкIэ унэр, амбулаторэр, нэгъуэщIхэри.
Гъуэгу лэжьыгъэм хыхьэу иджыпсту асфальтыжьыр тратхъунщIыкI, иужькIэ щIэ тралъхьэжынущ, ибгъухэр мывэхэмкIэ кърагъэбыдэкIынущ, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыхагъэщынущ, гъуэгу дамыгъэхэр ягъэувынущ, автобус къэувыIэпIэхэр зэрахъуэкIынущ.
Лэжьыгъэхэр мы гъэмахуэм зэфIагъэкIынущ.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 13:08 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» фыхэт
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
|