ИлъэсищкIэ елэжьынущ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм хиубыдэу зыхуей хуагъэзэнущ километр 27-рэ зи кIыхьагъ Шэджэм ЕтIуанэ - Булунгу гъуэгур. Гъэ кIуам абы щыщу километритI зэIузэпэщ ящIащ, мы гъэми лэжьыгъэхэм пащэнущ. Мыр къыхэгъэщыпхъэщ - Урысейм и турист кIуапIэхэмрэ абыхэм екIуалIэ гъуэгухэмрэ зэIузэпэщ щIыныр Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм хабжащ. ЗэрытщIэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрыр апхуэдэ щIыпIэхэмкIэ къулейщ. 
2023 гъэм и кIэм нэсыху лэжьыгъэхэр зэпыуакъым: Шэджэм псыкъелъэхэм я щхьэIуэкIэ гъуэгум и бгъуагъым къыщыхагъахъуэри, бетон гъэжахэр щагъэуващ, псыхьэлыгъуэ жапIэхэр, гъуэгум бгъурыт лъэс зекIуапIэр зыIыгъыну пкъыгъуэхэри ягъэтIылъащ. КъищынэмыщIауэ, Шэджэм псыкъелъэхэмрэ Булунгу жылэмрэ я зэхуакум дэлъ, километр 25-рэ зи кIыхьагъ гъуэгум щагъэуващ блын гъэжахэр. Абы къыдэкIуэу ухуэныгъэм зэран хуэхъу мывэ къырхэр къыкIэраудри, жьы хъуа бжьамийхэр къыщIахащ, асфальт зытралъхьэну лъащIэр зэтес ящIащ, шынагъуэншагъэм ехьэлIа Iуэху пыухыкIахэр зэфIагъэкIащ. Иджыпсту ухуакIуэхэр дунейр хуабэ хъуным поплъэ. Ухуэныгъэм пэрыхьэну техникэхэр щIымахуэм зыхуей хуагъэзащ, гъуэгу лабораторием и IэщIагъэлIхэм къапщытащ къагъэсэбэп пкъыгъуэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ я щытыкIэр. 
Апхуэдэ бгы къырхэм ущылэжьэныр тыншкъым, ауэ лэжьакIуэхэм я зэфIэкI псори ирахьэлIэнущ къэрал мыхьэнэ зиIэ объектыр и чэзум зэратыным. Гъуэгу лэжьыгъэхэм илъэсищкIэ пэрытынущ.
 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: