НаркотикхэкI куэд къытрахащ

УФСБ-м къет
 
Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм, наркотикхэкIхэр игъэкIыным пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, къызэпаудащ Налшык къалэ щыпсэу цIыхуитIым наркотикхэкIхэр игъэкIыным пыщIауэ ялэжь щIэпхъаджагъэр. 
Яубыдахэр, абыхэм и псэупIэр къыщащым къытрахащ «героин», «метадон» наркотикхэкI грамм 280-м щIигъу.
Шэч зыхуащIхэм ятеухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ УФ-м и УК-м и 30-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм, 228.1-нэ статьям и 5-нэ Iыхьэм япкъ иткIэ. Хабзэм къызэригъэувымкIэ, ахэр ягъэтIысынкIэ мэхъу я гъащIэ псор лъэхъуэщым щахьыну. 

 

Поделиться: