Гъуэгу лэжьыгъэхэм пащэ«Уафэ къабзэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хиубыдэу Налшык и Балъкъэр уэрамым лэжьыгъэ щхьэхуэхэр щрагъэкIуэкI. Мы зэманым ирихьэлIэу гъуэгум и IуфитIым щIытI лэжьыгъэхэр щызэфIагъэкIри, гъуэгурыкIуэхэм зэран яхуэмыхъун хуэдэу, кIэнауэхэр пагъэщхьэхукIащ. ПэхуэщIэм ипкъ иткIэ троллейбус кIапсэхэр зрикIуэ пкъохэмрэ абы екIуалIэ кIапсэхэмрэ зыхуей хуагъэзэнущ, гъуэгу лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, лъакъуэрыгъажэ къэжыхьыпIэхэри яухуэнущ. Къэзанокъуэм и уэрамым телъ асфальтыр «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» пэхуэщIэм хиубыдэу иджырей мардэхэм тету къагъэщIэрэщIэж, бетон къэухьхэр щIэкIэ яхъуэж. Гъуэгуухуэхэм къагъэсэбэп темылэжьыкIыу куэдрэ зекIуэну пкъыгъуэ быдэхэр. А уэрамым щаухуэнущ лъэс зекIуапIэ, транспорт гъэувыпIэ, дыхьэпIэ щхьэхуэхэр. КъищынэмыщIауэ, уэрам уэздыгъэхэр щIэрыщIэу фIадзэнущ, гъуэгу дамыгъэхэри IупщIу къагъэнэIуэнущ. Мы уэрамхэм я кIыхьагъыр километритIым щIегъу. Лэжьыгъэхэр фокIадэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIыну я мурадщ. Къэбэрдей, Осетин, Пятигорск, Къалмыкъым, Нэхущым, Щоджэным, Мэзлом, Руставели я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм асфальтыр щIэкIэ щызэрахъуэкI, лъэс зекIуапIэхэр щаухуэ. А уэрамхэм ящыщу псом нэхърэ нэхъ лэжьыгъэшхуэ къызыпэплъэр Осетин, Къэбэрдей, Щоджэным и цIэр зезыхьэ уэрамхэрщ. Мы илъэсым и кIэм ирихьэлIэу абыхэм транспортыр лъэныкъуиплIкIэ щызэблэкIыу, Щоджэным и цIэр зезыхьэ уэрамым (Профсоюзнэмрэ Къалмыкъым и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ я зэхэкIыпIэм хуэзэу) транспортхэм хъурейуэ къыщыпакIухьу ящIынущ. 2024 гъэр и кIэм нэсыху «Кавказ» гъуэгу управленэм и заказым ипкъ иткIэ зыхуей хуагъэзэнущ къэрал гъуэгум и Р-217, километритху зи кIыхьагъ Iыхьэр - километр 450-нэм къыщыщIэдзауэ 455-нэм нэсыху. Абы хиубыдэнущ Налшык и кхъухьлъатэ къэтIысыпIэм екIуалIэ, Идарым и цIэр зезыхьэ уэрамым щыщ Iыхьэ. Апхуэдэ ухуэныгъэхэм я фIыгъэкIэ ди гъуэгухэр куэдкIэ нэхъ тынш икIи нэхъ шынагъуэншэ хъунущ.
Поделиться:
Читать также:
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
27.04.2024 - 16:12 →
ЩIыуэпсым хэт пэлъэщыфар?!
|