Пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэм къахохъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэр процент 40-кIэ нэхъыбэ ищIащ иужьрей илъэситхум къриубыдэу икIи нобэкIэ абыхэм зэуэ щIэхуэнущ тонн мин 298,5-рэ, щыжаIащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм. 
Иджырей зэманым къигъэув къалэнхэр гъэзэщIэным хуэщIа пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэр ухуэныр республикэм и мэкъумэш-промышленнэ комплексым щынэхъыщхьэхэм ящыщщ. Ар къызыхэкIыр пхьэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу республикэм къыщрахьэлIэм, абыхэм къыщIэупщIэхэм я бжыгъэм илъэс къэс къызэрыхэхъуэрщ. 
Псалъэм къыдэкIуэу, пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу псори зэхэту кърахьэлIэу щытам хуэди 2,2-кIэ хагъэхъуащ иужьрей илъэситхум. 2023 гъэм республикэм и мэкъумэш, уней IуэхущIапIэхэм, фермерхэм, я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм зэхэту тонн мин 785,9-рэ кърахьэлIэжащ, япэм зэи къамыхъуауэ. 2022 гъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ ар процент 19,5-кIэ нэхъыбэщ. 
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: