Феджэ, цIыкIухэ, феджэ!

ТхылъыфI къэс хъугъуэ­фIыгъуэщ, дуней къулейщ, щIэныгъэщ. Псом хуэмыдэу гуапэщ щIэблэм тхылъыр щагъэныбжьэгъум, щаIэпэ­гъум, упщIэ куэдым я жэуап­хэр абыхэм я напэкIуэцIхэм къы­щы­щалъыхъуэм деж. 

Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм сабий, ныбжьыщIэ тхылъым и тхьэ­махуэр къы­щызэIуахащ.  Ар ягъэлъапIэнущ тхы­лъы­щIэ­хэмкIэ, таурыхъ гъэ­щIэгъуэн­­хэмкIэ, зэпеуэ­хэм­кIэ, пшыхьхэмкIэ. Сабийхэмрэ ­ныб­жьы­щIэ­хэмрэ я тхылъым  и тхьэмахуэм ­къриу­быдэу ­рес­­пуб­ликэм и библиотекэхэм щекIуэкIынущ зэ­IущIэ­хэмрэ пшыхь­хэмрэ. 
Пшыхьым ирагъэблэгъащ тхъы­лъыр фIыуэ зылъагъу цIыкIухэр. Республикэм и Iущыцэхэм - тхылъ щIэджы­кIа­кIуэ нэхъыфIхэм, усэ дахэу ­къеджэхэм, фIыуэ ­илъагъу тхылъым гурыхуэу тепсэ­лъы­хьахэм ­тыгъэхэр хуащIащ.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ ­Му­­хьэдин абы­хэм ехъуэхъуащ, куэд еджэнуи еущиящ.
- Илъэс къэс догъэлъапIэ сабий тхылъым и ­ма­хуэшхуэр! Апхуэдэу къызэIудох тхылъ­хэм я ­дуней телъыджэм ффIэфIу фыщыхьэщIэну тхьэ­махуэр. Ауэ абы къикIыркъым, а зы тхьэ­махуэм фы­къеджэу тхы­лъыр зэвгъэ­тIылъэкIыжыну, си ныбжьэгъу цIыкIухэ! Тхылъ Iущ­хэм феджэ зэпымыууэ - абыхэм фащIынущ акъы­лыфIэ! - яжриIащ цIы­кIухэм минист­рым. Абы щIыхь тхылъхэмрэ тыгъэхэмрэ яритащ республикэм ще­кIуэ­кIа зэ­пеуэ зэхуэ­мы­дэхэм къыхэжаныкIахэм. 
Пшыхьым къыпащащ уэрэдкIэ, къафэкIэ, макъа­мэкIэ. Ахэр зыгъэзэщIар республикэм и уэ­рэд­жы­IакIуэ, артист, къэфакIуэ ныбжьы­щIэхэрщ. 
ГУГЪУЭТ Заремэ,
Сурэтхэр
Къарей Элинэ трихащ. 

Поделиться: