УФСБ-м къет

Къуэды ипшынынущ

Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм и лэ­жьакIуэхэм экономикэм пы­щIа щIэпхъаджагъэхэм пэ­щIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу къыщIагъэщащ «Кабардино-Балкарский высокогорный государственный заповедник» федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и бухгалтер нэхъыщхьэ Елмэс Л.С. илэжь щIэпхъаджагъэр. 

ЗэраубзыхуамкIэ, 2018 - 2022 гъэхэм, и къулыкъур къи­гъэ­сэбэпурэ, улахуэм хухаха бюджет ахъшэм щыщ иды­гъуащ абы. 
Шэрэдж район судым и уна­фэ къару зыгъуэтам ипкъ иткIэ, Елмэс Л.С. къуаншэу къа­лъы­тащ УФ-м и УК-м и 159-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм, 292-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм къы­щыхьа щIэпхъаджагъэр зэрилэжьамкIэ икIи ­къуэды тралъхьащ. 

Илъэс 20 къапоплъэ

НаркотикхэкIхэр игъэ­кIы­ным пэщIэт Iуэхухэр ирагъэ­кIуэ­кIыу, Урысей ФСБ-м и управ­ленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьа­кIуэхэм, къы­зэпаудащ Нарт­къа­лэ дэс цIы­хуитIым ялэжь щIэпхъаджагъэр.

Яубыдахэр къыщащым къыт­рахащ наркотикхэкI «героин» грамм 49-м щIигъу.
Шэч зыхуащIхэм ятеухуа ­уголовнэ Iуэху къаIэтащ УФ-м и УК-м и 30-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм, 228-нэ статьям и 4-нэ Iыхьэм и «г» пунктым япкъ иткIэ.  Хабзэм къызэригъэувымкIэ, ап­хуэдэ щIэп­хъаджагъэ зы­лэ­жьар илъэс 20-кIэ ягъэтIы­сынкIэ ­мэхъу.  

Поделиться: