ХьэщIагъэмрэ туристхэмрэ

«Туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIа Iуэхугъуэхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ къэрал бюджетым къыхэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыхуаутIыпщащ сом мелуан 46,5-рэ. Урысей Федерацэм и Правительствэм а IэнатIэм зрагъэужьыным трагъэкIуэдэну щIыналъэхэм псори зэхэту сом меларди 6,3-рэ яхухихащ. Абыхэм ящыщу нэхъапэ ирагъэщахэр я деж къакIуэ туристхэм щхьэкIэ хьэщIэщхэм къэувыIэпIэ нэхъыбэ щызиIэхэрщ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, республикэм блэкIа илъэсым туристхэр жэщгъуэлъ къыщыувыIэ хъуну и щIыпIэхэм процент 58,5-кIэ хигъэхъуащ. Иджыпсту ди деж зэуэ къыщыувыIэ хъунущ зыгъэпсэхуакIуэ мин 17-м щIигъу.

ИпэIуэкIэ хъыбар зэрыщыIащи, Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну, зыщызыгъэпсэхуну къакIуэхэм 2023 гъэм проценти 26,3-кIэ къыхэхъуащ ипэ ита илъэсым елъытауэ икIи цIыху мелуан 1,5-м ар щIигъуащ.

«Туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIа Iуэхугъуэхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм ящыщу ахъшэ нэхъыбэ зратар Ставрополь крайрщ - сом мелуан 210,7-рэ. Дагъыстэным а Iуэхугъуэм щхьэкIэ сом мелуани 104,9-рэ хуаутIыпщащ, Къэрэшей-Шэрджэсым - сом мелуан 41,4-рэ. Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Ингушым, Шэшэным щIыналъэ къэс хуэзэу сом мелуан 30 зырыз иратащ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: