Губгъуэ лэжьыгъэхэм я екIуэкIыкIэм топсэлъыхь

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжыжэ Хьэсэн иджыблагъэ хэтащ абы и унафэм щIэт IэнатIэм щылажьэ Жылагъуэ советым и зэIущIэм. Абы щытепсэлъыхьащ гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэр республикэм и щIыналъэхэм зэрыщеужьэрэкIым. 

         Сыжажэм къыхигъэщащ губгъуэ лэжьыгъэхэр и чэзум зэрырагъэжьар, махуэ къэси, зэрыжаIэу, зэрыщIагъэхуабжьэр.

«Псалъэм къыдэкIуэу, гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм ящыщу иджыпсту нэхъапэ ирагъэщыр жылэ зытраса гектар мин 70,6-м щIыгъэпшэрхэр щIэлъхьэнырщ. Абы щыщу гектар мин 65-р бжьыхьэсэм яубыд. ЩIыгъэпшэрхэр нобэкIэ иратащ гектар мин 34,5-м - ар псори зэхэту гъавэ зытращIам и процент 53-рэ мэхъу. Нэгъабэ елъытауэ, мы гъэм лэжьыгъэхэр нэхъ псынщIэу ирагъэкIуэкI», - къыхигъэщащ министрым.

         Тафэтес щIыналъэхэу Майм, Прохладнэм, Тэрчым я мэкъумэшыщIэхэм гъатхасэм щIадзащ.  НобэкIэ абыхэм псоми зэхэту гъавапхъэ жылэр тращIащ гектар 1550-м, абы щыщу гектар 580-р хьэм, гектари 170-р джэш хъурейм, андэгурэдэгум – гектар 800 хухахащ.

         Сыжажэм зэрыжиIамкIэ, мы гъэм гъатхасэм гектар 211,1-рэ ирагъэубыдынущ, псори зэхэту гъавэм гектар 281,7-рэ хухахынущ. Ар нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм хуэдиз мэхъу.

         КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Пэнагуэ Максим мэкъумэшыщIэхэм я лэжьыгъэхэр фIыуэ къилъытащ икIи ехъуэхъуащ гъэр яхуэугъурлыну, гъавэ бэв къайхъулIэну, губгъуэ Iуэхухэм еужьэрэкIыну къыхуриджащ.

                                                                     ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

 

 

Поделиться: