IэнатIэм и зэфIэкIхэр ягъэлъагъуэ

Мэзкуу къалэм и «Крокус Экспо» центрым гъатхэпэм и 19 - 21-хэм щекIуэкIынущ туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIа Iуэхугъуэхэмрэ ехьэлIа 30-нэ дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэр. Абы хэтынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэри.

Дунейпсо утыкум ирахьэнущ турагентствэхэм, туроператорхэм, хьэщIэщхэм, цIыхухэм щIыуэпсым и дахагъэкIэ къулей щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм зыщегъэплъыхьыным пыщIа IэнатIэхэм, нэгъуэщIхэми нобэ яIэ зэфIэкIхэмрэ я ехъулIэныгъэхэмрэ. Псом хуэмыдэу, зыплъыхьакIуэхэр нэхъыбэу зыщIэупщIэ, ахэр къызэрыдахьэх, щIэуэ къежьа я Iуэхутхьэбзэхэр ягъэлъэгъуэнущ.

Туризм IэнатIэм пэрытхэм я зэхуэсышхуэм кърихьэлIэнущ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 58-м, хамэ къэралу 29-м я лIыкIуэхэр. Мы гъэм абы япэу къыхыхьэнущ Корее Ищхъэрэр, Запорожье, Херсон областхэр, Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я къалащхьэ Абу-Даби.

Гъэлъэгъуэныгъэм и лэжьыгъэм хыхьэу къызэрагъэпэщынущ Iуэхугъуэ 20-м щIигъу: хьэрычэтыщIэхэм я зэIущIэхэр, конференцхэр, презентацэхэр, егъэджэныгъэ семинархэр, нэгъуэщIхэри.

Гъэлъэгъуэныгъэм стенд щхьэхуэ щыхухахынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым туризм IэнатIэм щиIэ ехъулIэныгъэхэмрэ зэфIэкIхэмрэ.

                                               ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

 

Поделиться: