Я къаруи зэфIэкIи ирахьэлIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щIыналъэм щыпсэухэм Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэмкIэ зэрехъуэхъур

ПщIэ зыхуэсщI си лъахэгъухэ!
Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сы­нывохъуэхъу Балъкъэр лъэпкъым и къэ­щIэрэщIэжыныгъэм и махуэмкIэ. Ди ­республикэм щыпсэухэм я дежкIэ мы­хьэнэшхуэ зиIэ а махуэщIым къегъэлъагъуэ захуагъэр зэрытекIуэр, балъкъэр лъэпкъым хэлъ къарур, къэмылэнджагъэр, быдагъэр. Лей зытехьэу гугъуехь куэд зышэча а лъэпкъым здрагъэIэп­хъукIа и щIыпIэм къигъэзэжащ икIи, къэ­ралыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыху­бэр я дэIэпыкъуэгъуу, зэтеувэжащ, зиу­зэщIыжащ. 
БлэкIа илъэс пщIы бжыгъэхэм къагъэлъэгъуащ балъкъэр лъэпкъым гъащIэм и унэтIыныгъэ псоми ехъулIэныгъэ лъагэхэр зэрыщызыIэрагъэхьар. Нобэ, зэгурыIуэныгъэр зи зэхуаку дэлъу лъэпкъ куэд щыпсэу къэралым ис псоми я гъу­сэу, балъкъэрхэм ди къэкIуэнур яухуэ, я къаруи зэфIэкIи ирахьэлIэ Урысейр зэIу­зэпэщыгъэ зэрылъ щIыналъэ хуиту, лъэщу щытыным. 
Си фIэщ мэхъу дызэкъуэтмэ, гугъуехь псоми дазэрыпэлъэщынур, ди респуб­ликэм, Хэкум я ехъулIэныгъэхэм хуэгъэзауэ зыхуэдгъэувыж мурадхэм дазэ­рылъэIэсынур. 
Си гуапэу сохъуэхъу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу псоми узыншагъэ быдэ, ехъулIэныгъэ, фIыгъуэ куэд яIэну. 

Поделиться:

Читать также: