Сом мелуаным щIигъу хэщIыныгъэ

Урысей МВД-м   Лэскэн районым щиIэ къудамэм,   Урысей ФСБ-м и Упаравленэу КъБР-м щыIэм  я лэжьакIуэхэм, Урысей гвардием и щIыналъэ управленэм  и зауэлIхэр ящIыгъуу  Аргудан къуажэм  и  мэзылъэм    щаубыдащ  илъэс 36-рэ зи ныбжь, щIыпIэм щыпсэур,  къуэкIыпIэ бжей мэз жыгхэр ириупщIыкIыу.    
ЦIыхухъум зэрыжиIамкIэ, абы ар игъэхьэзырт и хуабэщхэр иригъэплъын папщIэ.  КъБР-м щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм   къызэрилъытамкIэ, абы къыхэкIыу  къэралым сом мелуан 1,1-рэ хэщIыныгъэ игъуэтащ.   
Урысей МВД-м и къудамэу Лэскэн районым щыIэм СледствэмкIэ и IэнатIэм  шэч зыхуащIым  теухуа  уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и УК-м и   260-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагхъэр илэжьауэ. Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, ар илъэси 7-м нэскIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу.  

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: