ЩIалэгъуэмрэ гугъэмрэ я махуэщI

Къэбэрдей-Балъкъэрыр мы махуэхэм щIэныгъэм и урысейпсо утыку хъуащ. Налшык къалэм дэт 33-нэ курыт еджапIэм щIы­уэп­сымрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ олимпиадэм и иужьрей уры-сейпсо Iыхьэм къекIуэлIат ябгъэдэлъ щIэныгъэр зды­нэсыр къапщытэну гура-щэ зиIэ щIалэгъуалэр. ЩIэ­­ныгъэм зи гур хузэIуха, дунейм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм щIэщыгъуэхэр ­къахэзыгъуатэ, щIэуэпсыр хъумэныр пщэрылъ зыщы­зыщIыжа, узыншагъэр хъу­мэным хуэунэтIа гупсы­сэ­кIэхэр зэIузыщэ щIалэгъуалэр утыкум щыпэкIурт, къапэщылъ зэхьэ­зэ­хуэ­хэмрэ гъэунэхуныгъэхэм­рэ тIэкIуи зэригъэпIейтейр я нэгум къищу, къы­зэ­ры­зэщIиIэтэри яхуэмыущэхуу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым махуихкIэ щызэхэтыну олимпиадэхэм хэтыну къеб­лэгъащ Урысейм и щIыналъэ псоми къикIа еджакIуэ 300-м нэблагъэ, абыхэм я гъэсакIуэ цIыху 99-рэ. Ап­хуэдэу зэпеуэм кърихьэлIащ ар къызэгъэпэщыным икIи зыхущыщIэ щымыIэу дэхыным ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ зи пщэ дэкIа «Сириус» къэралпсо егъэ­джэ­ныгъэ IэнатIэм и лIы­кIуэ­хэри. Ди щIыналъэм щыщу зэпеуэ­хэм цIыхуищ хэтщ.
МахуэщIыр ныбжьы­щIэ­хэм дагъэлъэпIэну, къапэ­щылъ Iуэхугъуэхэм тра­гъэ­гушхуэну зэхьэзэхуэхэм я ублапIэм зыкъригъэ­хьэ­лIащ ­УФ-м Егъэджэныгъэм­кIэ и минис­терствэм къэ-рал полити­кэр курыт щIэ-ныгъэм щыпхыгъэкIынымкIэ и къулы­къу­щIапIэм и уна­фэщIым и къуэ­дзэ Маго­медов Iэдэм, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Его­ровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм  и Уна­фэ­щIым и къуэдзэ Хъубий Марат, КъБР-м егъэ­джэ­ныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, ­КъБР-м щIыуэпс хъугъуэ­фIыгъуэхэмрэ эколо­гием-кIэ и министр Шаваев Ильяс, Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ КъБКъУ-м и проректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Лесев Вадим, .  КъБР-м и щIыналъэхэм егъэджэныгъэмкIэ и IуэхущIапIэхэм я IэщIагъэлI- хэр, егъэджакIуэ пашэхэр, къэрал икIи жыла­гъуэ лэжьакIуэхэр.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и цIэкIэ зэIущIэм кърихьэлIахэм фIэ­­хъус псалъэкIэ захуэзыгъэза Хъубий Марат къыхи­гъэщащ хэгъэгум и егъэ­джэ­ныгъэ IэнатIэм оли­м­пиадэхэм мыхьэнэшхуэ зэрыщаIэр. «Псом япэу къы­­хэзгъэщыну сыхуейт зэхьэзэхуэхэм я иужьрей Iыхьэм нэса ныбжьыщIэ-хэм я ехъулIэныгъэхэр абдеж къы­щымыувыIэу нэхъри зау­зэ­щIыну, щIэныгъэм лъа­гъуэщIэхэр щыпхашу, къэ­хутэныгъэ бэлыхьхэр зы­щIыну цIыху цIэрыIуэ ­къа­­­­хэкIыну дазэрыщыгугъыр. Сыт хуэдэ Iуэхуми жэ­уап­лыныгъэ пылъщ. Ар зы­хыумыщIэу, абы кърикIуэнкIэ хъунухэр зэпу­мы­лъыту Iуэху уеувалIэ хъунукъым. Мы зэпеуэ дахэм кърихьэлIахэм апхуэдэ пщэ-рылъ зыщащIыжауэщ къы­зэрызгурыIуэри, фы­щIе­мыгъуэж. Фызытет ­гъуэгур икъукIэ хъуэпсэ­гъуэщ, дахэщ, Iэджэ фIыгъуи зыхэгъэпщкIуа Iэна­тIэщи, фи фIэщ фщIы абы фызэ­риIэтынур. Гуращэ пыухыкIахэр зиIэ цIыхуращ жыжьэ нэсыр, щалъхуа ­лъахэм ­хуэ­щIыпхъэ гуры­щIэм и пщIэр зыIэтыфыр. ЩIы­уэп­сыр хъумэныр, абы ­къыдит хъугъуэфIыгъуэхэр цIыхум зэрыхуэщхьэпэн ­пэ­хуэщIэхэр къыхэлъхьэ-ныр акъыли, зэмани, шы­Iэныгъи хуэныкъуэ Iуэхуш­хуэщ. Зэ­рыфщIэщи, щIыуэп­сым узэ­репсалъэ бзэращ къызэропсэлъэ­жынури, абыкIэ щIэныгъэ уимыIэу хъунукъым. Мис а щIэныгъэр къы­­зэрыв­гурыIуар, зэры­зэ­хэ­­фщIы­кIар, къызэрывгъэ­сэбэ­пы­фыну щIыкIэхэр къэв­гъэ­лъэгъуэну аращ мы ­махуэхэм екIуэкIыну зэ­хьэ­зэ­­хуэхэми, гъуэгу махуэ фытехьэну, фи зэфIэкIхэр фи гъэсакIуэхэмрэ егъэ­джа­­кIуэ­хэмрэ хьэкъ ящыф­щIыну си гуапэщ», - жиIащ Хъубий Марат.

АдэкIэ олимпиадэм хэт дэтхэнэ зыми пэIу­дзауэ захуигъэзащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Васильевэ Татьянэ. «Зи ужь фитыр щытхъу зыпылъ Iуэхугъуэ дахэщи, фызэщIэмыкIуэж, ипэкIэ фызэ­ры­кIуэтэным фыхущIэкъу. Мы Iыхьэм къэсахэр къэрал псом щекIуэкIа хэгъэгъу зэхьэзэхуэхэм къыщыхэжаныкIахэращи, фэ фытекIуакIэщ, фи насып Iыхьэр къэфхьэхуакIэщ. Иджы фи щIэныгъэм практикэ мыхьэнэ евгъэгъуэтыну Iэмал фиIэщи, фехъулIэну си гуапэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр зихуэдэ щымыIэ щIыналъэ дахэщи, абы къывитыну гузыхэщIэм Iэджэ Iэмали зэпеуэхэм зэрыхывигъэлъхьэнум шэч къытесхьэркъым», - жиIащ Васильевэ Татья­нэ.
ХьэщIэхэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. «Егъэджэныгъэр пщIэ зыпылъ IэнатIэщ, щIэныгъэри цIыхур лъагэу зыIэт Iэмэпсымэщ. ДызыхэпсэукI дунейм щIэныгъэ ущиIэным нэхъ фIыгъуэшхуэ щыIэкъым. Сэ си гуапэщ мы зэпеуэхэм кърихьэлIахэм апхуэдэ гуращэ фызэриIэр, сыту жыпIэмэ ди пщэдейр ефIэкIуэнуми екIэкIуэнуми зи Iэ илъыр фэращ. Дыкъэзыухъуреихь дунейр ­хъумэныр псоми ди хьэкъщ, щIыуэпсым пыщIа Iуэхугъуэхэри дэтхэнэ зы цIыхуми, жылагъуэми, къэралми ялъэIэс Iуэхущ. МащIэми куэдми абы и зехьэным хуэгъэза есэныгъэ гуэр зимыIэ щыIэкъым. Ауэ щIэныгъэр къару лъэщщ, гъащIэми махуэ къэс зэхъуэкIыныгъэ куэд къыщохъури, щIыуэпсым и къэгъэсэбэпыкIэми мыхьэнэшхуэ иIэщи, ахэр зэгъэзэхуауэ щIэблэм ябгъэдэлъхьэныр Iэмалыншэ хъу лэжьыгъэщ. А лъэныкъуэмкIэ унэтIа еджэныгъэр зэхьэзэхуэм хэтхэм нэхъ къащтауэ къысщохъури, фи щIэныгъэкIи фызэмыблэжу, фи зэфIэкIкIи фызыщы­мысхьыжу, фи зэхэщIыкIкIи фыгушхуэу мы махуэхэр вгъэкIуэну си гуапэщ», - жиIащ Егоровэ Татьянэ.
Махуэр ягъэдэхащ «Кабардинка» къэфакIуэ гупым я «Уэркъ къафэмкIэ», щагъэ­Iуащ я макъ жьгъырур КъБР-м и цIыхубэ уэрэджыIакIуэ Зеущэ Iэуес, КъуэщIысокъуэ Роксанэ, Куэцэ Идар сымэ, зыкъагъэлъэ­гъуащ «Арабеск» ансамблым, КъБР-м сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я уардэунэм къа­фэмкIэ и «Таурыхъым хэт Урысей» ансамблым. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыдэлъху лъэпкъ­хэм къадэгъуэгурыкIуэ щэнхабзэм и хуэмэбжьымэ зыщыуа концертыр зэхьэ­зэхуэхэм хэтыну ныбжьыщIэхэм гунэс зэращыхъуар я Iэгуауэхэм нэрылъагъу ящIырт.
Концертыр Iуэхугъуэ дахэм и щIыхькIэ ­драгъэуея хьэрэкIытэ щхъуэкIэплъыкIэхэмкIэ иухащ.
Олимпиадэхэм хузэхалъхьа программэр егъэлеяуэ купщIафIэщ. Зэхьэзэхуэхэр щекIуэ­кIынущ Сабий зэчиифIэхэм я зэфIэкIым щыхагъахъуэ «ДыгъафIэ къалэ» академиемрэ Гъуазджэм, спортым, щIэныгъэм, еджэныгъэм зэфIэкI лъагэ къыщызыгъэлъагъуэ сабийхэм защIэгъэкъуэнымкIэ «Антарес» цент­рымрэ. НыбжьыщIэхэм къапэщылъщ къызэгъэпэщакIуэхэм экологие щIэныгъэмкIэ зэхагъэува тест лэжьыгъэхэр зэпкърахыну, щIэ­ныгъэ пэхуэщIэхэр утыку кърахьэу тепсэ­лъыхьыну, щIыуэпсыр хъумэным икIи зехьэным ехьэлIа есэпхэр ящIыжыну, щытыкIэ пыухыкIахэм я хэкIыпIэхэр къагъуэтыну. Апхуэдиз лэжьыгъэм кърикIуэри а махуэ дыдэм къэпщытакIуэхэм наIуэ къащIынущ. Зэпеуэм кърикIуахэмкIэ мыарэзыхэм я лэжьыгъэм щIэрыщIэу хагъэплъэжыну ныбжьыщIэхэм Iэмал яIэщ. ЩIызэхуэса Iуэху­гъуэхэм къадэкIуэу, щIалэгъуалэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэм яшэнущ. Апхуэдэу абыхэм зыщрагъэплъы­хьынущ Iуащхьэмахуэ лъапэ, яшэнущ Шэрджанэрэ Шэджэм псыкъелъэхэмрэ, хэтынущ Ерчэнхэ я чэщанэм деж хьэбдзэжьейр псым щыхаутIыпщхьэ Iуэхугъуэхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым урысейпсо мы­хьэнэ зиIэ зэхьэзэхуэхэр и щыпэзэхэшэкъым. 2019 гъэм, псалъэм и хьэтыркIэ, ди щIыналъэм щекIуэкIащ цIыхум и гъащIэр хъумэ­нымкIэ пэублэ щIэныгъэр щрат дерс унэ­тIыныгъэм епха зэхьэзэхуэхэр, абы иужькIэ кIэщIу «Сириус-2021» фIэщыгъэр зиIэ уахэ программэр щаутIыпщащ. Апхуэдэ зэ­хыхьэхэм къэралым и хэгъэгухэм къикIа ны­бжьы­щIэ пэрытхэр къыщызэхуос, ахэр щIалэгъуэмрэ гугъэмрэ я махуэщI хъууэ. Иджырей зэхыхьэри апхуэдэщ - фIым ущегъэгугъ, ар къуегъэлъыхъуэ.
Олимпиадэ зэпеуэхэм кърихьэлIа еджа­кIуэхэм я насып кIэныр къахьэхуну ди гуапэщ!

ШУРДЫМ Динэ.
Сурэтхэр  Къарей  Элинэ  трихащ.

Поделиться: