Я нэIэм щIэтщ

«Роснефть» компаниемрэ экологиер егъэфIэкIуэным телажьэ урысей щIэныгъэлIхэмрэ илъэси 4 ипэкIэ къызэдащтауэ щытащ дунейм и гъунэ Арктикэм щыIэ псэущхьэхэмрэ къуалэбзухэмрэ хъумэным теухуа программэ щхьэхуэ. Мыр къыхэгъэщыпхъэщ - мы IуэхущIапIэм апхуэдэу и нэIэ тетщ къэралым и псыежэххэм я къабзагъыр хъумэнымрэ абы хэс бдзэжьейхэр гъэбэгъуэжынымрэ. Абы теухуа лэжьыгъэшхуэ ди республикэми щрагъэкIуэкIащ.

Куэд зэрыщыгъуазэщи, зэманкIэ дызэIэбэкIыжмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и псышхуэхэм бдзэжьейхэр мащIэ щыхъуауэ щытащ икIи абыхэм я бжыгъэр зэфIэгъэувэжынымкIэ къалэн гугъур и пщэм далъхьащ «Роснефть» компанием. Абы и къарукIэ илъэс зыбжанэкIэ зэкIэлъыкIуэу псыхэм бдзэжьейхэр хаутIыпщхьэжащ. Нобэ псом нэхърэ нэхъ IэфIу икIи нэхъ сэбэпу къалъытэ бдзэжьей къуэлэнхэр дипсхэм я мызакъуэу, гуэлхэми куэду щыфлъагъунущ. АдэкIэ абыхэм къапоплъэ Арктикэ жыжьэм и щIыпIэ къиинхэмрэ абы и щIыуэпсымрэ.

«Экологие» лъэпкъ проектым хиубыдэ а программэ купщIафIэм ипкъ иту компанием и арктикэ щIэныгъэ центрымрэ Арктикэмрэ Антарктидэмрэ я щIыуэпс щытыкIэхэр къэпщытэнымкIэ Урысейм и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтымрэ я нэIэм щIэт экспедицэхэр Ищхъэрэ Мыладжэ хым и щIыпIэ щхьэхуэхэм яутIыпщ. Абыхэм ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэ лэжьыгъэ гугъур мылъкукIэ ядиIыгъщ «Роснефть»-м.

Абыхэм я иужьрей дунейхутэ зекIуэм и фIыгъэкIэ къащIащ илъэс зыбжанэ ипэкIэ хы тхьэрыкъуэ хужьхэм щIэжьей лъэпкъ къазэрыщIэмыхъуар. Щхьэусыгъуэр сыт жыпIэмэ, адрей я лъэпкъэгъухэм хуэдэу, хым бдзэжьейр къыхахыфыркъым, мыладжэу щымытмэ. Арктикэр къэткIуу зэрыхуежьар зэранышхуэ яхуэхъуауэ къыщIэкIащ арыншами мащIэ дыдэу фIэкIа а щIыпIэ дыдэми узыщримыхьэлIэ хы тхьэрыкъуэ хужьхэм; Арктикэр къэткIуху абыхэм зрачри, мыл джей фIэкIа здэщымыIэ нэхъ ищхъэрэжымкIэ мэIэпхъуэ, апщIондэху я бжыгъэм хощI.

Нэхъ пасэу дыфхутепсэлъыхьат щIэныгъэлIхэр Карскэ хым и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэм хуэзэ Визе хытIыгум зэрыщылэжьэнум. Ахэр а щIыпIэм зэрыщыIэну мазитIым къриубыдэу хы тхьэрыкъуэ хужьхэм я гъащIэм кIэлъыплъащ, я абгъуэхэр щащIа щIыпIэхэр къагъуэтурэ абыхэм я бжыгъэр зыхуэдизыр зрагъэщIащ. Апхуэдэу хытIыгум щагъэува сурэттех Iэмэпсымэхэм я фIыгъэкIэ ахэр къызэрылъатэ икIи зэрылъэтэж хы гъуэгуанэхэри къагъэнэIуащ. Апхуэдэ къэпщытэныгъэшхуэхэм я фIыгъэкIэ тхьэрыкъуэ телъыджэхэм ятеухуауэ нобэм къэс урысей щIэныгъэлIхэм зэхуахьэсам щIэуэ куэд щIагъужыну Iэмал ягъуэтащ.

Урысейм и Тхылъ Плъыжьым ит тхьэрыкъуэ хужьыр хабжащ Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ лъэпкъпсо зэгухьэныгъэм хъумэн хуейуэ къилъытахэм. Сыту жыпIэмэ, ахэр куэд хъуркъым, а щыIэ мащIэми я псэупIэр Урысейм и Арктикэ щIыпIэхэрщ.

ЩIыуэпсыр хъумэным теухуауэ мыхьэнэ ин зиIэ « Экологие» лъэпкъ проектыр щагъэзащIэр Арктикэм и закъуэкъым. Абыхэм я фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ - Аланиемрэ я мэзхэмрэ бгылъэ щIыпIэхэмрэ Тхылъ Плъыжьым ит псэущхьэхэм я бжыгъэр щагъэбэгъуэж. Абыхэм ящыщщ къурш бжэнхэр, бгъэ лIэужьыгъуэхэр, мэз джэдухэр, щомыщхэр. Иужьрейхэр псэущхьэ къызэрыгуэкIыу ди мэзхэм щIэсащ, Кавказым и хъугъуэфIыгъуэхэм хабжэу. Къэралыр лъэлъэжа нэужь ахэр щысхьыншэу къаукIыу хуежьащ, абыхэм я фэ дахэхэр, я шырхэр зыIэрагъэхьэну, абыхэм мылъку къыщIахыну хуей цIыху щхьэхуещэхэм. Апхуэдэ Iуэху щытыкIэм игъэпIейтея щIэныгъэлIхэм къызэIуахащ а псэущхьэхэр гъэбэгъуэжыным телажьэ центрхэр. Абыхэм ящыщ зыр нобэ Сочэ щолажьэ. Абы и къалэн нэхъыщхьэр, Кавказ щIыналъэм и инагъым тещIыхьауэ, щыIэн хуей бжыгъэр зэфIэгъэувэжынырщ.

Бгъэхэми я бжыгъэм щIыхэщIам и къежьапIэщ нобэ щIыуэпсымрэ дунейм и щытыкIэмрэ дэнэкIи щигъуэта зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр: мэзхэм хэщIыныгъэ ягъуэтащ, климатым зехъуэж, апщIондэху, Арктикэм и тхьэрыкъуэ хужьхэр ищхъэрэкIэ йоIэпхъух, Кавказым ис псэущхьэхэми къуалэбзухэми апхуэдэ хэщIыныгъэхэр ягъуэт. Аращ щIы хъурейм и щIыналъэ псори зэпызыщIэ щIыуэпсыр дэнэ щIыпIи щыхъумэным гулъытэ лей щIигъуэтыр.

ЛЪОСТЭН Музэ.
Поделиться: