ХэкулI щыпкъэ Джатауэ Хьэмыщэ

Дзэм и полковник Джатауэ Хьэмыщэ, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэмрэ хъыбарыншэ хъуауэ щытахэмрэ къызы­хэкIа лъэпкъым яцIыхуным ехьэлIауэ куэд дыдэ зылэжьа адыгэлI щыпкъэр, сэ япэ дыдэу щыслъэгъуар, цIыхугъэ щысхуэхъуар сыщалъхуа Зеикъуэрщ. Сэ абы щыгъуэ ебланэ классым сыщIэст.

Хьэмыщэ фащэ дахэр щыгъыу, зэкIужу ди уэрамхэм щыслъагъурт. Ар Эльбрус райвоенкоматым и унафэщIым и ­къуэдзэу лажьэрт абы щыгъуэ.
«Зауэм хэтащ, Венгрием къыщыхъуа зэрызехьэм лIыгъэ иIэу хэтауэ жаIэ», - зэхуаIуатэрт офицер зэщIэкъуам кIэ­лъыплъхэм.
Дэ тпэмыжыжьэ Бгъэжьнокъуэхэ Лолрэ Къэрэжанрэ я унэм фэтэру щIэст Джатауэхэ. Зыдыхьа къуажэм и цIыхухэм псынщIэу яхэсыхьат, я фIыцIэ жаIэрт. Ауэрэ унэ зэтет ящIам Хьэмыщи фэтэр къыщратри, Iэпхъуэжащ. Абы щыгъуэ Джатауэр унагъуэ хъуат - Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къиухыу Зеикъуэ курыт еджапIэм нагъэкIуа Бекъан Жанусэ щхьэгъусэ ищIат. «УнэгъащIэхэм», жаIэурэ, ахэр фIыуэ зылъэгъуа гъунэгъухэм хьэкъущыкъу, унэлъащIэ гуэрхэр хузэхуахьэсырт. Псом хуэмыдэу Жэмыхъуэ Хьисэ чэнджэщэгъуу зэраIэр, лэгъупыIэмпIэкIэ яхуэупсэу зэрыщытар сощIэж.
ИужькIэ езы Хьэмыщи ди къуажэр гуапэу игу къигъэкIыжырт: «Зеикъуэр дахэщ, абы и цIыхухэр нэхъ дахэжщ. Си гъащIэ гъуэгум и япэ лъэбакъуэр фи жылэм угъурлыуэ щысчащ. Си лэжьыгъэми щыщIэздзащ, си бынхэм я анэри абы гъусэ щысхуэхъуащ. Уеблэмэ сэ Тэрч районым щызимыIэ унэкъуэщхэри Зеикъуэ къыщызгъуэтыжащ…»
Сэри си лэжьыгъэкIэ, республикэм и унафэщIхэм си пщэ къралъхьа къалэнкIэ, къэрал лIыкIуэхэм срагъусэу Америкэм, Сирием, Иорданием, Тыркум, Германием, Франджым, нэгъуэщIхэми сыщыIащи, дэтхэнэми Джатауэхэм сащрихьэлIащ. ИкIи сигу къэкI зэпытт: «Ди Къэбэрдей-Балъкъэрым мы лъэпкъыр апхуэдэу щIыщымащIэр дунейм щызэбгрыпхъа хъуащи аращ».
Америкэм и Калифорние штатым щыщ Анахайм къалэм Джатауэ Мухьэмэдрэ Самиррэ я унагъуэхэм сыщыхьэщIащ. Абыхэм я бынхэр Iэчлъэчщ, фIыуэ гъэсащ. Самир щIалищ иIэщи, футбол командэхэм щоджэгу, цIэрыIуэхэщ. Абыхэм я нэхъыщIэ Жумарт и сурэт къыздэсхьат. Абырэ Хьэмыщэ и ­къуэ Мухьэмэдрэ зэныбжьщ, зы анэм къилъхуам хуэдэу зэщхьщ. Аращ «лIэужьыр бжьиблкIэ мауэ» жыхуаIэр. Жумарт «Нур» сабий журналым и жинтым къытрезгъэдзауэ щытащ, унагъуэ хъарзынэм сегуэпэну.
Джатауэ Хьэмыщэ и IэнатIэр тэрэзу зэрихьэу, жылагъуэ къалэнышхуи игъэзащIэу псэуащ. Сыт хуэдэ районым и военкоматым ямыгъэкIуами, абы лэжьыгъэр къыщиIэтырт. Псом хуэмыдэу Хьэмыщэ цIэрыIуэ ищIат щIалэгъуалэр дзэм ­къулыкъу щыщIэным, Хэкур фIыуэ ялъагъуным, хьэл-щэн дахэ яхэлъыным IэкIуэлъакIуэу зэрыхуигъэхьэзырым.
Хьэмыщэ нэгъуэщI зэфIэкIи «къызыкъуихат» - ар гъащIэм хуригъэджат журналист IэщIагъэм. Итхынур ищIэу, зыщIи­дзар фIыуэ зэпкърыхауэ и кIэм нигъэсу, и псалъэхэр купщIафIэу апхуэдэт.
Ар ауэ сытми ягъэуватэкъым «Фэеплъ тхылъыр» томитху хъууэ къыдэзыгъэкIынухэм я унафэщIу. Джатауэм, зэрыжаIэщи, и гур дзапэкIэ иIыгъыу, щыуагъэ гуэр яIэщIэкIыным тегузэвыхьу елэжьащ тхылъым, блэ къимыпщауэ пиупщIыркъым, зыхужаIэм хуэдэу. ИкIи абы папщIэ цIыхухэм псалъэ гуапэ куэд къыхужаIащ, КъБР-м и Къэрал саугъэт лъапIэр къратащ.
Зауэм хэкIуэдахэм, абыхэм къащIэна фызабэхэм я гум щыщIэр, я фэм дэкIыр и тхыгъэхэм, радио, телевизор нэтынхэм къыщыхигъэщкIэ, щIэджыкIакIуэхэм я нэпсыр къри­гъакIуэрт, пэжыщэу, тэмэму игъэхьэзырырти.
Хьэмыщэ, абы къыдэлэжьа полковник Ахъмэт Тимур, ­майор Молэ СуIэдин сымэ (щыми я Ахърэт Алыхьым дахэ ищI) «Фэеплъ тхылъым» иратха зауэлI псоми фэеплъ сын хуагъэувауэ жыпIэ хъунущ.
«Псом нэхърэ си дежкIэ нэхъ лъапIэщ, - гуфIэрт Хьэмыщэ, - куэдым, куэд дыдэм я бампIэр зэрыдэтхар, яфIэкIуэдахэр къазэрыхуэдгъуэтыжар».
Сыт хуэдэ унагъуэ дахэт Джатауэм игъэпсар, сыт хуэдэ бын хъарзынэ къиIэтат, зэщхьэгъусэхэм сыт хуэдэ зэгурыIуэныгъэ яку дэлъат! Езыхэм я щытыкIэмкIэ, я хьэл-щэнымкIэ бынхэр гъэса хъурт. Уэсым хуэдэу къабзэт Хьэмыщэ и псэр, дыгъэ бзийуэ и гур хуабэт, хьэлэлт.
Сэ Джатауэхэ мызэ-мытIэу себлэгъащ, хамэ къэрал къикIа я Iыхьлыхэм срагъусэу. ФэрыщIагъ гуэри хэмыту, гуапагъэ хэлъу Хьэмыщэ ахэр игъэхьэщIэрт. Апхуэдэ псэукIэ къабзэм щIипIыкIа и бынхэр езым ещхь хъужахэу, адэ щыпкъэм и фэеплъу Iыхьлыхэм, благъэхэм, ныбжьэгъухэм нобэ къахуэнащ.

«Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ,
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд,
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу