Ди зэпыщIэныгъэхэр нэхъ быдэж ирехъуКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыIащ. КъШР-м и УнафэщI Темрезов Рашидрэ Адыгейм и лIыщхьэ КъумпIыл Муратрэ я гъусэу, ахэр тепсэлъыхьащ щIыналъищым я зэпыщIэныгъэхэр езыгъэфIэкIуэну Iуэхухэм. «Ди республикэхэр куэдкIэ зэпыщIащ, дэ лъэныкъуэ мымащIэм дыщызэдолажьэ, - щитхащ КIуэкIуэ Казбек и телеграм напэкIуэцIым. - Зэгъусэу щIэныгъэм, щIалэгъуалэ Iуэхухэм, щэнхабзэм епха программэхэмрэ проектхэмрэ делэжьми, экономикэмрэ туризмэмрэ ефIэкIуэн папщIэ Iуэху щхьэхуэхэр зэфIэдгъэкIми, дызэзыпхыр куэд мэхъу. Дызэкъуэту Президент Путин Владимир къытхуищIа унафэхэр догъэзащIэ, дызыхуиунэтIа мурадхэр зыдогъэхъулIэ».
Поделиться:
Читать также:
19.01.2025 - 12:18 →
Пшынэр зи Iэпэгъу
19.01.2025 - 10:01 →
Фэеплъхэм я тхыдэ
18.01.2025 - 12:16 →
Гум имыхужынщ
18.01.2025 - 12:02 →
Къуажэр къалэм пэгъунэгъу мэхъу
18.01.2025 - 11:18 →
«ЩIэныгъэр» куэдым хунос
|