«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм, дауи, яхэтщ егъэджакIуэ Iэзэ икIи цIэрыIуэ ДыщэкI Марие зыцIыху куэд. «КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр зыхуагъэфэща Марие бгъэдэлъ зэчийм лъэныкъуэ куэд къызэщIеубыдэ. ЩIэблэм щIэныгъэ куу етынымрэ лъэпкъ гъэсэныгъэ екIу егъэгъуэтынымрэ къадэкIуэу, ар жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшщ, усэ тхынми хуэIэижьщ. Марие и къалэмыпэм иужьрейуэ къыпыкIа тхыгъэхэу «Лъэпкъ Iущыгъэ» зыфIищам нобэ щыгъуазэ фыхудощI, ди щIэджыкIакIуэ лъапIэхэ. ЗэрыжаIэщи, нэхъыжь и ущие зэи лей хъуркъым.
***
ЛIэщIыгъуищэ къэбгъащIэрэ уи лъэужьыр щIэх дыдэ кIуэдыж нэхърэ, мащIэ дыдэ къэбгъащIэми, уи лъэужьыр лIэужъищэкIэ мыкIуэдыжмэ нэхъыфIщ.
Уи вакъэр плъыгъыу зи унэ ущIэзымыгъэхьэм и деж афIэкIа тумыгъазэ.
Машинэр къигъэувыIэу икIэ тетIысхьэпIэр къыпхуэзыгъэлъэгъуа ныбжьэгъум, цIыхугъэм е благъэ нэхъыщIэм и машинэм зэи уимытIысхьэ.
Уи щхьэм, уи ныбжьым, уи хабзэм, нэмысым яхуэфащэу уздамыгъэтIыса Iэнэм етIуанэу зрумыгъэхьэлIэ.
Гупыр къулыкъукIэ е щыгъынкIэ зэхэзыдзыр пэщIэщIэгъу умыщI.
***
Егъэлеяуэ дзыхъ хуумыщI уэ зыми,
Диным уикIауи фIыуэ умылъагъу,
Лей къыпхуищIэну ущымыгугъ зыгуэрми,
А псор зэгуэр къоузыжынкIэ мэхъу.
***
Ди Тхьэ! Къысхуэгъэгъу зыгуэрым лей есхамэ,
Къысхэлъхьэ лIыгъэ ар згъэзэкIуэжын.
Щрет зыгуэрым къищIауэ си жагъуэ,
Хуэзгъэгъуфыну ар уэ схуэгъэшэч.
***
Нэмыплъ иумыт уэ нэхъ цIыху ябгэу ябжхэм,
Дзэлыфэ зытI фэрыщIым нэхъ нэхъыфIщ.
Сыт щхъэкIэ жыпIэмэ, абыхэм я псалъэм
ЗыкъомкIэ щынэхъ мащIэщ хьэрэмагъ.
***
Ди япэ джалэм дыщIэвмыгъэнакIэ,
Ди кIэ къихуэр ауан дывмыгъэщI,
Нобэ ди Iуэху хуэхъумэ, пщэдейрейр хэт зыщIэр?
ГъащIэм къыдищIэнур хэт и дежкIи щэхущ.
***
ЦIыхум Iей хыумыгъэфащэ зэи,
Убгэн, ухъущIэн уигу къыумыгъэкI.
Пхуэмыфащэу ар уэ къыуипэсами,
Абы щхьэкIэ диным уэ уимыкI.
ЦIыхур зэралъытэр и жьэм жиIэрщ,
Ар езым и тхьэмыщкIагъэу бжы.
И щхьэм аращ абы хуигъэфащэр,
«ХуэфIыр есщIащ» жери, игу мэпсэху.
Зыщ абы мы и щхьэр зыхуэмыкIуэр
Iейр дапщэщи уи щхьэм къылъосыж.
Нэхъ хей дыдэм тохуэ лей зепхьахэр
Куэдрэ жаIэу ар сэ зэхэсхащ.
Дауэ хъун-тIэ ар си бынхэм лъысым?
Фегупсыс абыи, Iичрам къэдвгъэхь,
Зым и быни дыхуэвмыгъэпсалъэ,
«Уэху», - жывмыIэ зыIыхьам я Iуэху.
Ялыхь дыщыхъумэ дэ апхуэдэм,
ЖыдвгъэIэфи, сэбэпи дывгъэхъу.
Дызэрыхуей дыдэм хуэдэу пэжу
Псоми я гупсысэр мышэщIа.
Зи хьэсэпэр кIэщIым уэ фIэкIыфи,
Езыми зы щапхъэ къыхихынщ.