Псыкъелъэхэр

Дунейм и къэхъугъэ нэхъ дахэхэм икIи гъэщIэгъуэнхэм ящыщщ псыкъелъэхэр. Ахэр щIыуэпс гъэдахэу, турист кIуапIэу зэрыщытым къищынэмыщIауэ, абыхэм я къарур къагъэсэбэп гидроэлектростанцхэр гъэлэжьэнымкIи.

Псалъэм папщIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Шэджэм псыкъелъэхэр ди республикэм и зыплъыхьыпIэ щIыпIэ нэхъ дахэхэм хабжэ. Абы и лъагагъыр метр 72-рэ мэхъу, абы щыщ метр 70-кIэ хуиту къох,  къыр лъагэм къыщыпкI псыр Iубахъэм хуэдэу ихъуреягъым щызэбгрихыу. Дуней псом щынэхъ ину къалъытэр Венесуэлэ къэралым и Анхель псыкъелъэрщ. Абы и лъагагъыр метр 1054-рэ мэхъу, метр 979-м къиубыдыр къыр задэм зыри къыщыпэрымыуэу хуиту къохуэх. Псыкъелъэм Чурун псыпэр къыщыщIэж Ауян - Тепуи бгыщыхум къыщыщIедзэ. Нобэр къыздэсым а къэралым и тхыдэтххэр зоныкъуэкъу а псыкъелъэ телъыджэр къэзыгъуэтар зи хэтым теухуауэ. Дауэ мыхъуми, ар хэIущIыIу зэрыхъуар зи фIыщIэр Венесуэлэм и кхъухьлъатэзехуэ Анхель Джеймсщ. Ар абы къилъэгъуауэ щытащ 1933 гъэм и закъуэу къыздилъэтыхьым. ЩIыуэпсым и телъыджэр зрагъэлъэгъун мурадкIэ япэ щIэныгъэ экспедицэр гъуэгу щытехьар 1949 гъэрщ.

Дуней псом щынэхъ инхэм хабжэ Замбиемрэ Зимбабвемрэ я гъунапкъэм хуэзэ Африкэ Ипщэм щыIэ Викторие псыкъелъэри. Абы и лъагагъыр метри 128-рэ мэхъу, и бгъуагъыр километрым нос.  Абы хуэдэу псышхуэ зэщIэзыкъуэ нэгъуэщI псыкъелъэ щымыIэу къалъытащ - куб метр 1400-рэ. 1855 гъэм абы япэу щыIа Шотландием щыщ дунейхутэ-къэпщытакIуэм псыкъелъэм фIищауэ щытащ пащтыхь Викторие и цIэр. ЦIыху куэд зыплъыхьакIуэ здэкIуэ а щIыпIэм екIуалIэ лъэмыж къудейм и кIыхьагъыр метр 250-рэ мэхъу. Ар хабжащ ЮНЕСКО-м и и дунейпсо щIэинхэм.

XX-XXI лIэщIыгъуэхэм  хиубыдащ дунейм и къэхъугъэ гъэщIэгъуэну (Анхель псыкъелъэм нэмыщI) иджыри 9.

Камчаткэ щыIэщ дуней псом щынэхъ ин, «Гейзерхэм я тафэ» - кIэ зэджэ.  щIыпIэ гъэщIэгъуэныщэр. Абы и кIыхьагъыр километри 6, и бгъуагъыр  километри 4 мэхъу. А зы губгъуэм  и закъуэ гейзер 40-рэ псы хуабэ къыщIэжыпIэу 200-рэ итщ. А щIыпIэр I949 гъэм къагъуэтауэ щытащ геолог Устиновэ Татьянэрэ гъуэгугъэлъагъуэу абы игъуса  Крупенин Анисифоррэ. А щIыуэпс фэеплъыр хеубыдэ Кроноцк мэзкъуэдым, ауэ туристхэр а щIыпIэм зэрихьэфыр вертолёткIэщ.

«Тутынафэ фIыцIэхэр» аращ зэреджэр 1977 гъэм Америкэм и Штат Зэгуэтхэм Атлантикэ хышхуэм и лъащIэм къыщагъуэтауэ щыта псы хуабэ къыщIэжыпIэхэм. Псы хуабэ жытIэ щхьэкIэ, абыхэм я пщтырагъыр градус 350-м нос икIи ахэр къыщыщIэж щIыпIэм сыт щыгъуи щхьэщытщ псым хэлъ сульфидым и бахъэ фIыцIэр. «Тутынафэ хужь» - кIэ зэджэхэри щыIэщ. Абыхэм я пщтырагъыр япэрейхэм нэхърэ нэхъ мащIэщ ( градуси 150 - 280-рэ), псым хэлъ сульфат, кремнезем пкъыгъуэхэм я бахъэри хужьщ. «Тутынафэ фIыцIэхэмрэ»  «хужьхэмрэ» псыщIагъ вулканхэр зэрымыжейм я щыхьэтщ.

«КъухьэпIэ» зыфIаща гуэлыр дуней псом нэхъ ин дыдэхэм я ебланэ увыпIэм щытщ, къыщагъуэтари а фIэщыгъэ дыдэр зезыхьэ, Урысейм и станцу Антарктикэм щыIэм пэгъунэгъуущ. Ар километри 4 зи Iувагъ мылым и щIагъым щIэтщ. Япэ дыдэу абы гу щылъатар 1974 - 1975 гъэхэрщ. 2012 гъэм щIэныгъэлIхэм ар иджырей IэмэпсымэхэмкIэ яубрыури, псым и щытыкIэр зыхуэдэр къапщытащ. Абы щыгъуэщ илъэс мелуан 15-кIэ мыл Iувхэм я щIагъым щIэта гуэлым и псым дунейр япэу щилъэгъуар.

Шэрэдж Дисэ.

Поделиться: