ТекIуахэр ягъэлъапIэ![]() КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ «Полицейский дядя Стёпа» зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм къыщыхэжаныкIахэр щагъэлъэпIа зэIущIэ.
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеславрэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Русланрэ зэпеуэм щытекIуахэмрэ и лауретахэмрэ иратащ министерствэм и ЩIыхь тхылъхэмрэ фэеплъ саугъэтхэмрэ.
Ведомствэм и Iэтащхьэр ныбжьыщIэхэм ехъуэхъуащ я текIуэныгъэмкIэ, узыншагъэ быдэ яIэну, ехъулIэныгъэхэр адэкIи зыIэрагъэхьэну.
- Ди гуапэщ илъэс къэс конкурсым жыджэру фызэрыхэтыр, фи творческэ зэфIэкIыр, полицэм и лэжьакIуэр фи нэгу къызэрыщIыхьэр къызэрывгъэлъагъуэр. Афэрым, абы папщIэ. Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр къыфпоплъэри, си гуапэщ а зэманыр сэбэп пылъу вгъэкIуэну икIи къаруущIэхэр фхэлъу къыкIэлъыкIуэ гъэ еджэгъуэм фыпэрыхьэжыну, - къыхигъэщащ министрым.
Хъуэхъум къыпищащ Мэкъушэ Руслан.
ЗэIущIэм хэтащ министрым и къуэдзэ, полицэм и полковник Бахъуэ Аслъэн. Зэхуэсым кърихьэлIахэм псалъэ гуапэхэр жраIащ ныбжьыщIэхэм я адэ-анэхэм, сабийхэр гъэсэным зэрегугъум папщIэ.
Адэ-анэхэм ведомствэм и унафэщIхэм фIыщIэ хуащIащ я сабийхэм я творческэ зэчийр къызэIуахынымкIэ Iэмал къызэрыратым папщIэ.
Поделиться:
Читать также:
17.03.2025 - 14:36 →
Ахъшэр зыужьыныгъэм къыхуагъэсэбэп
17.03.2025 - 13:33 →
Шэмрэ шатащхьэмрэ
17.03.2025 - 13:00 →
Шхыныгъуэ пщтырхэмкIэ къызэрагъэпэщ
17.03.2025 - 12:30 →
Сом мелард 1,5-м щIигъу къыхрагъалъхьэ
16.03.2025 - 15:49 →
Вындыжьым и насып щыгъэхэр
|