Нэхъыбэ къызэщIрагъэубыдэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, гъавэр зытращIэ щIыуэ щIыналъэм нобэкIэ иIэ гектар мини 129,8-м щыщу гектар 73,5-м псы щIагъэлъадэ. Процент бжыгъэм хуэбгъакIуэмэ, ар 56,6-рэ мэхъу. Мурад щыIэщ 2030 гъэм ирихьэлIэу псы зыщIагъэлъадэ хьэсэхэр гектар мин 85-м нагъэсыну е щIыуэ зэлэжьым я процент 65-м. 2030 гъэ пщIондэ республикэм и мэкъумэш хозяйствэм зегъэужьыным ехьэлIауэ иджыблагъэ екIуэкIа зэIущIэшхуэм ар щыжиIащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн. Къэбэрдей-Балъкъэрым псы зыщIагъэлъадэ и щIым и куэдагъым къыхэгъэхъуэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «Дунейпсо кооперацэмрэ экспортымрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Мэкъумэш-промышленнэ комплексым и продукцэр хамэ щIыналъэхэм яхуегъэшэн», «Мэкъумэш IэнатIэм къыщагъэсэбэп щIым и нэхъыбэм псыр ешэлIэн» федеральнэ пэхуэщIэхэм япкъ иткIэ. Иужьрей илъэсхэм, 2019 - 2023 гъэхэм, псы зыщIагъэлъадэ щIым и куэдагъым хэгъэхъуэным теухуауэ республикэм щекIуэкIа лэжьыгъэхэм къарикIуэу, иджыри гектар 30,5-рэ абы къызэщIрагъэубыдащ. Абы щыщу гектари 6,4-р нэгъабэ къыхагъэхъуауэ аращ. Ипэ ита илъэсым щыIа бжыгъэхэм елъытауэ ар хуэдищкIэ нэхъыбэщ - 2022 гъэм къыхагъэхъуэфар гектар мини 2 къудейщ. Федеральнэ, щIыналъэ бюджетхэм щыщу къэралым а Iуэхум хухихащ сом мелуан 665-м щIигъу. Псы зэрыщIагъэлъадэ машинэхэр зэгъэпэщыжыным, дагъуэншэу лажьэу гъэ тегъэхьэным гулъытэшхуэ зэрыхуащIым и щыхьэтщ республикэм апхуэдэ техникэу 348-рэ зэриIэр, абы щыщу 66-р нэгъабэ къызэращэхуар. Абыхэм яхэтщ уэшх къыщешхым деж хуэдэу хьэсэхэр псыкIэ Федеральнэ, республикэ бюджетхэм къахэкIыу къэрал дэIэпыкъуныгъэу а лэжьыгъэхэм псори зэхэту сом меларди 2,3-рэ хухахащ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
18.03.2025 - 15:21 →
ФифI фымыгъэпуд, фи Iей фымыгъэпщкIу
18.03.2025 - 14:30 →
НэхъыфIым и шэсыпIэхэр
17.03.2025 - 14:36 →
Ахъшэр зыужьыныгъэм къыхуагъэсэбэп
17.03.2025 - 13:33 →
Шэмрэ шатащхьэмрэ
17.03.2025 - 13:00 →
Шхыныгъуэ пщтырхэмкIэ къызэрагъэпэщ
|