Гъатхасэм пащэ![]() Дунейм зэрызиIэтыжу, гъатхасэ лэжьыгъэхэм щыпащэжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым. Республикэм и щIыналъэхэм я администрацэхэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ щыIэ управленэхэм иджыблагъэ къызэратамкIэ, гъавэр нобэкIэ тращIащ гектар мини 183,5-м. Мы гъэм псори зэхэту абыхэм хухаха щIым и процент 87-рэ мэхъу ар. Накъыгъэм и япэ тхьэмахуитI-щым республикэм щIыIэбжьу, уэлбанэрилэу зэрыщыщытам и зэранкIэ гъатхасэ лэжьыгъэхэр зэпамыгъэууэ хъуакъым. Абы щыгъуэ щIыр темыщтыкIауэ щытми, къэкIыгъэхэм я зыужьыныгъэм зэран екIащ: ахэр тIэкIу къызэтеувыIащ. Иджыпсту лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI щыIэ мэкъумэш-техникэ мардэм тету. НобэкIи, республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу тращIэ нартыху жылапхъэхэр, хьэр, сэхураныр, кIэртIофыр, хадэхэкIхэр. Абыхэм къадэкIуэу, къэкIыгъэхэм къеуалIэ узыфэхэм, хьэпIацIэхэм зэрапэщIэт хущхъуэхэр хьэсэхэм халъхьэ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
18.07.2025 - 15:16 →
ЛIыхъужьыгъэм и орденыр хуагъэфащэ
18.07.2025 - 14:11 →
Гъэлъэхъукъуэ зекIуэхэр
18.07.2025 - 14:09 →
Жэбагъы зэрыакъылыфIэр наIуэ къызэрыхъуар
17.07.2025 - 14:01 →
ГуащIафIэм и лъэужь кIуэдыркъым
17.07.2025 - 12:56 →
КъелIэлIахэм фIыщIэ хуащI
|