Хуэфащэ пщIэр ирагъэгъуэтыжащ![]() «Урысей географие зэгухьэныгъэм» хыхьэ «Альтаир» ныбжьыщIэ хасэм Iуэхугъуэ щхьэпэ куэд ирегъэкIуэкI, щIалэгъуалэм я тхыдэ щIэжым зиужьыным хуэунэтIауэ, псэкупсэ лъапIэныгъэхэр къэIэтыным хуэгъэпсауэ. Апхуэдэу «Альтаир» гупым хэт щIалэгъуалэмрэ Звёзднэ къуажэм дэт курыт еджапIэм щIэсхэмрэ иджыблагъэ Iуэху щхьэпэ ялэжьащ - Щхьэлыкъуэ мэзым щыщIалъхьа кхъухьлъатэзехуэм и кхъащхьэр зэщIэзыщта пабжьэм къыхагъэкъэбзыкIыжащ абыхэм. 1942 – 1943 гъэхэм Кавказыр хуит къыщащIыжым Хэку зауэшхуэм зи щхьэр хэзылъхьа лIыхъужьхэм я фэеплъхэр цIыху кIуапIэ щIыным хуэгъэза жэрдэмхэм языхэзщ щIалэгъуалэм зэфIагъэкIа Iуэхур. «Альтаир» щIалэгъуалэ хасэм и унафэщI Мокаев Тенджыз зэрыжиIамкIэ, кхъухьлъатэзехуэм и кхъащхьэр здэщыIэр абыхэм къажезыIар курыт еджапIэм щылажьэ Къумыкъу Галинэщ. Япэ дыдэу абы хасэм щыщхэр щыкIуар накъыгъэ мазэм и пэщIэдзэрщ, ауэ ар зыхуей хуагъэзэну Iэмал къаритакъым зэкIэлъыпыту екIуэкIа уэлбанэ махуэхэм. Кхъащхьэр зыхуэзэр зрагъэщIэну щыдэкIам нэрылъагъу хъуащ абы куэд лъандэрэ зыри зэрыкIэлъымыплъар: кхъэ Iуащхьэр иуэжат, щхьэщыт скъарыр ебат, абы ета иIэгъэр зэрыкIэрыкIыжрэ куэд щIат. Уэшхыр увыIа нэужь, ныбжьыщIэхэм трагъэзащ щIыпIэм. Щэбэт щIыхьэхуу къызэрагъэпэща Iуэхугъуэм къыхыхьахэм Iуэхушхуэ зэфIахащ кхъащхьэм теплъэ тэмэм егъэгъуэтыжыным и IуэхукIэ. НыбжьыщIэхэм Iэгъуэблагъэр зэщIэзыщта пабжьэр ирахащ, жыг къудамэ гъуахэр зэхуахьэсри ягъэсащ, кхъащхьэм екIуалIэ лъагъуэхэр къыхагъэщри, екIуэлIапIэхэм я гъунэхэр мывэкIэ къыхагъэкIащ. Апхуэдэу, зауэлIым и кхъащхьэр хэмыкIуэдэжын щхьэкIэ и хъуреягъыр мывэкIэ къагъэтIылъыхьащ, кхъащхьэдэсэри ялащ. «Кхъащхьэр зыхуей хуэдгъэза нэужь, къуажэдэс нэхъыжьхэм дахыхьащ ар зейм и Iуэху къызэрекIуэкIа щIыкIэр зэхэдгъэкIыну. КъаIуэтэжхэр зэтехуэркъым. Хэти кхъухьлъатэр къраудыхри, уIэгъэ телъхэм кхъухьлъатэзехуэр илIыкIыжауэ жиIащ, хэти абы уIэгъэ хьэлъэхэр телъу къуажэм къыдэхутэри, куэдрэ мыпсэужу мыбдеж щыщIалъхьащ. Сыт хуэдэу щымытми, лIыгъэ хэлъу, Хэкум и хуитыныгъэм щIэзэууэ и псэр итащи, и кхъащхьэм дыкIэлъыплъыныр ди пщэрылъу къыдолъытэ. Кхъухьлъатэзехуэм и цIэр къэдгъуэту и сыным теттхэжыну дыхущIэкъунущ, ауэ, пэжыр аращи, ар афIэкIа зеиншэу къэдгъэнэнукъым, дыкIэлъыплъынущ, зетхьэнущ», – жиIащ Мокаев Тенджыз. ЖэрдэмщIакIуэм къызэрыхигъэщамкIэ, «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» хэт щIалэгъуалэр, курыт еджапIэм щIэсхэр, къуажэм щIыпIэ унафэр щызезыхьэ IуэхущIапIэм я лэжьакIуэхэр, Урысей гвардием къулыкъу щызыщIэхэр хэту псэкупсэ мыхьэнэ зиIэ пэхуэщIэ къыхалъхьэу кхъащхьэм деж щрагъэкIуэкIыну я гугъэщ. «Абдеж дыкъыщыувыIэнукъым. Дэ тхузэфIэкIыну Iуэхугъуэхэм ящыщщ мы щIыпIэхэм куэду щызэблэкI зыплъыхьакIуэ лъагъуэхэр абы етшэлIэныр. ЩIыуэпсыр фIыуэ зылъагъухэр мыбы загъэпсэхуну къыщыкIуэкIэ, зи цIэ дымыщIэ кхъухьлъатэзехуэм и кхъащхьэм къекIуэлIэнущ, арыххэуи ар бгына хъунукъым», – къыхигъэщащ Мокаев Тенджыз. Адыгэхэм игъащIэми къадэгъуэгурыкIуэ хабзэ щхьэпэхэм ящыщщ япэ ищахэм я кхъэлъахэр зэрагъэкъабзэр, хуэфащэ пщIэ зэрыхуащIыр. Хэку зауэшхуэм и мафIэ лыгъейм зи щхьэр хэзылъхьа щIалэхэм иужьрей увыIэпIэр щагъуэта апхуэдэ щIыпIэхэр хъумэныр икIи зыхуей хуэгъэзэныр а къалэным щыщщ. «Альтаир» щIалэгъуалэ хасэм ищIа гукъэкIыр мыужьыхыжыну, щIалэ хахуэм и фэеплъыр IэщIыб мыхъуну дэри дыщогугъ. ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2026 - 14:45 →
УпщIэхэм я жэуапым ущылъыхъуэкIэ
19.05.2026 - 14:43 →
И IэщIагъэр пасэу къыхихащ
19.05.2026 - 13:42 →
Сытым сызэрихуэрэт?
19.05.2026 - 10:01 →
И IэщIагъэр и псэм и щытыкIэщ
19.05.2026 - 09:58 →
Ухуэныгъэхэмрэ пэхуэщIэхэмрэ
| ||





