Зэи ящымыгъупщэну лIыхъужьхэрДжэдгъэф Аслъэмырзэ и гукъэкIыжхэм ящыщщ Зеикъуэ къуажэм дэс Джэдгъэф лъэпкъым щыщу Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызезыхьахэм, абы хэкIуэдахэм ятеухуа мы тхыгъэр. «Къуажэдэсхэр зэрыгушхуэ, зэрыпагэ псори, мамырыгъэ псэукIэ дахэри къызэпиудащ 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м къэхъея Хэку зауэшхуэм. ЛIыжь-фызыжьхэр, цIыхубзхэмрэ сабийхэмрэ пэрыуващ фронтым кIуа цIыхухъухэм я IэнатIэм. Ахэр лажьэрт «Псори фронтым, текIуэныгъэм папщIэ» къыхуеджэныгъэм щIэту, гъавэу кърахьэлIэу щытам зэрыкIэрамыгъэхуным яужь итхэу, Iэщ хъушэхэр, мэл, шы гуартэхэр зыхуей хуагъазэу. 1941 - 1945 гъэхэм зауэм Iухьащ Зеикъуэ къуажэм щыщу цIыху миным щIигъу. Абы и зэхуэдитIым я гъащIэр ятащ адэжь щIыналъэм, я лъэпкъым, къыдалъхуахэм я хуитыныгъэм папщIэ. Апхуэдэуи зауэ IэнатIэм Iутахэм яхэтащ зеикъуэдэс Джэдгъэф лъэпкъым и къуэ пажэу 14. Абыхэм ящыщу 10-м я гъащIэр ятащ. Зи унагъуэ къыхыхьэжар цIыхуи 4-рщ. Тэлъостэн Жэмырзэ и къуэр (1913 - 1943) мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыхэкIащ, къуажэ ликбезым щеджащ, 1930-1941 гъэхэм Кировым и цIэр зезыхьэ колхозым и IэнатIэ зэхуэмыдэхэм щылэжьащ. 1940 гъэм абы къишащ лэжьакIуэ пашэхэм ящыщ Къуаскъул Нубхьэр ТIэиб и пхъур. Лъостэнбий Жамырзэ и къуэр (1915-1943) къуажэ ликбезым щеджащ. 1932 – 1941 гъэхэм Кировым и цIэкIэ щыIэ колхозым и гъэш фермэм щылэжьащ. Ар дзэм ираджащ 1941 гъэм. Украинэм, Сталинград, Курск деж щызэуащ. 1943 гъэм яукIащ. Мусэбий Жамырзэ и къуэм (1922-1943) 1941 гъэм курыт еджапIэм и 9-нэ классыр къиухащ. Ар куэдым хэзагъэрт: пшынэ еуэрт, уэрэд жиIэрт, дэным, бзэным, цы зэIущэным хуэIэрыхуэт, нэщанэ еуэнымкIэ чемпионт, «Ворошиловский стрелок I степени» дамыгъэр иIэт. Мухьэмэд ХьэцIыкIунэ и къуэр (1906-1943) щIэныгъэшхуэ бгъэдэмылъми, гулъытэ зиIэ, зи IуэхущIафэхэмкIэ удэзыхьэх цIыхут. МэкъумэшыщIэхэр зэгухьэн ипэ къихуэу Мухьэмэд и адэм и щIы Iыхьэм телэжьыхьащ. 1930-1941 гъэхэм Кировым и цIэр зезыхьэ колхозым гъавэ ищIэу, Iэщ зэрихуэу щылэжьащ. ЗэIусэм псэ хелъхьэ жыхуаIэм хуэдэу, сыт хуэдэ Iуэхури абы нэгъэсауэ ищIэрт. Ахьмэд ХьэцIыкIунэ и къуэр (1909-1943) щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэмылъа мэкъумэшыщIэщ. Колхозыр зэгухьэн и пэ къихуэу ар щылэжьащ и адэм и щIы Iыхьэм. 1930-1941 гъэхэм Кировым и цIэкIэ щыIэ колхозым хэтащ Iэщ игъэхъуу, гъавэ къигъэкIыу. Ахьмэд 1941 гъэм дзэм ираджащ. Ар Украинэм, Белоруссием щызэуащ, 1943 гъэм зауэм хэкIуэдащ. Назир ТIам и къуэр (1908-1944) щIэныгъэ зимыIа мэкъумэшыщIэщ. Колхоз зэгухьэныгъэм и пэкIэ ар и адэм и щIы кIапэм щылэжьащ, унагъуэм я мэлхэр, Iэщхэр игъэхъуащ. 1930-1941 гъэхэм колхозым щылэжьащ. Назиррэ и щхьэгъусэ Абдуллаевэ Шахаррэ бынищ – зы щIалэрэ хъыджэбзитIрэ зэдагъуэтат. БетIал ТIам и къуэр (1910-1943) мэкъумэшыщIэу щытащ. Ар цIыху зэкIужт, акъылыфIэт. Езым зригъэщIэжауэ урысыбзэкIэ тхэнми еджэнми хуэIэрыхуэт, есэпым фIыуэ хэзагъэрт. 1930-1941 гъэхэм къуажэ советым и секретару, счетоводу лэжьащ, зеикъуэдэсхэм пщIэ зыхуригъэщIащ. Ар сытым дежи хьэзырт дэтхэнэ зы цIыхуми и гуныкъуэгъуэм едэIуэну, зэрыхузэфIэкIкIэ дэIэпыкъуну. ТIалэ ТIамэ и къуэр (1914-1944) 1932-1942 гъэхэм Кировым и цIэкIэ щыIэ колхозым и IэнатIэ зэхуэмыдэхэм щылэжьащ. 1937 гъэм колхозым и лэжьакIуэ пашэхэм ящыщ КIэм Хьэцацэ къишащ. 1942 гъэм ТIалэ дзэм щраджам щыгъуэ абы ипхъу Тосэ иджыри дунейм къытехьатэкъым. Ар иужькIэ Жэмыхъуэхэ нысэ яхуэхъури, унагъуэ дахи иухуащ. Абы къуитIрэ зыпхъурэ иIэщ, и къуэрылъху-пхъурылъху цIыкIухэр къыщIэхъуащ. Хьэмид Мацунэ и къуэр (1912-1942) 1930 гъэм зи мылъкур зытраха, лажьэу зэрышхэжым, екIуу зэрыпсэум къыхэкIыу ягъэкъуаншэу 1938 гъэм ягъэкIуэда мэкъумэшыщIэм и къуэщ. Ар 1930 – 1942 гъэхэм Бахъсэнстрой ухуэныгъэм щылэжьащ, ликбезым щеджащ. 1938-1940 гъэхэм Дзэ плъыжьым и лэжьакIуэ гупым яхэту Амур Iус Комсомольск къалэр зыухуахэм яхэтащ. 1940-1942 гъэхэм Зеикъуэ къуажэм щылэжьащ. Хьэмид и щхьэгъусэ гумащIэ Дыкъынэ Муадэт дэпсэуну къызэрыхуиухар мазищ къудейщ. Ар 1942 гъэм зауэ IэнатIэм Iухьэри, а гъэ дыдэми хэкIуэдащ. Къасым Къынэ и къуэр (1912-1942) щIалэ зэкIужт, щIалэгъуалэм пщIэ зыхуащIт, лэжьакIуэ нэст, щIыр фIыуэ зылъагъу цIыхут. Къасым и адэр колхоз лэжьыгъэм гуузу хэкIуэда иужь, щIалэщIэм ипщэ къыдэхуащ езым нэхърэ нэхъыщIэ, сабиих зыщIэс унагъуэр зыхуей хуэгъэзэныр. 1930-1941 гъэхэм ар Кировым и цIэкIэ щыIэ колхозым щылэжьащ, ликбезым щеджащ. Къасым зауэм хэкIуэдащ 1942 гъэм. ХьэцIыкIунэ МэтIу и къуэмрэ (1878-1942) Щоджэн Таужанрэ (1880-1942) зэщхьэгъусэт. Къуажэ гъащIэр фIыуэ зылъагъу ХьэцIыкIунэрэ Таужанрэ лэжьакIуэшхуэхэм, мамырыгъэм щыгуфIыкIыу я сабийхэр япIырт. Я къуэ нэхъыжьитIыр – Мухьэмэдрэ Ахьмэдрэ Хэку зауэшхуэм кIуат. Абыхэм нэмыщIи зыхуей хуагъэзэн хуейуэ, балигъ ныбжьым нэмысауэ сабиибл япIырт. 1942 гъэр къихьащ. Зеикъуэ къуажэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм лагъымхэр къыдадзэу щIадзащ. Апхуэдэ зым къызэпиудащ зи пщIантIэм дэта зэщхьэгъусэхэм я гъащIэр. Зеиншэу къэна сабийхэр зришэлIащ быным я нэхъыжь Мухьэмэд и щхьэгъусэ Зенэб. Сыт хуэдизу гугъу демыхьами, абы сабийхэр псори иригъэджащ, IэщIагъэ яригъэгъуэтащ, унагъуэу игъэтIысыжахэщ. Абыхэм псоми Зенэб къызэралъытэр анэут. Зэманым псори егъэхъуж жаIэ. Ар пэжкъым. Зы унагъуэм щыщу цIыхуиплIым я псэр зыгъэна, сабиибл зеиншэу дунейм къытезына зауэ гуIэгъуэр дауэ зэрыпщыгъупщэнур? Мы тхыгъэм къыхэгъэщын хуейщ Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызезыхьахэу Джэдгъэфхэ Жамырзэ и къуэхэу Мэхьилрэ Къэралрэ, ТIабылэ и къуэ Ладин, Хьэбас и къуэ Абубэ сыми. Зауэ нэужьым ахэр занщIэу лэжьыгъэ IэнатIэм пэрыувэжащ, бийм зэтрикъута колхозыр зэфIэгъэувэжыным, зегъэужьыным ялъэкI халъхьащ. НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:
Читать также:
18.03.2025 - 15:21 →
ФифI фымыгъэпуд, фи Iей фымыгъэпщкIу
18.03.2025 - 14:30 →
НэхъыфIым и шэсыпIэхэр
17.03.2025 - 14:36 →
Ахъшэр зыужьыныгъэм къыхуагъэсэбэп
17.03.2025 - 13:33 →
Шэмрэ шатащхьэмрэ
17.03.2025 - 13:00 →
Шхыныгъуэ пщтырхэмкIэ къызэрагъэпэщ
|