Ди мыIэрысэм щIэупщIэ иIэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщрахьэлIэ мыIэрысэхэр нобэкIэ яхурегъашэ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 47-мрэ Къэзахъстанымрэ. Апхуэдэ хъыбар иджыблагъэ зэбгригъэхащ «Россельхознадзор»-м Кавказ Ищхъэрэм щиIэ управленэм.

         2024 гъэм зэрыщIидзэрэ ди щIыналъэм ираша мыIэрысэ тонн мин 50,7-м щIигъур зыхуэдар «Россельхознадзор»-м и IэщIагъэлIхэм къапщытащ. Нэгъабэрей бжыгъэхэм нэхърэ ар зэрынэхъыбэ щыIэкъым.

         Республикэм ираш мыIэрысэм щыщу ди къэралым и щIыналъэхэм къалъос тонн мин 50,1-р. Абы щыщу тонн мин 13,5-р Мэзкуурэ Мэзкуу областымрэ макIуэ, тонн мини 4,5-м щIигъур Свердловскэ областым, Санкт-Петербургрэ Ленинград областымрэ – тон мини 3,3-р, Краснодар крайм – тонн 3050-р, Тэтэрстаным - тонн мини 2,7-м щIигъур. Къэзахъстаным хурагъашэр зэрыхъур тонн 550-щ.

         МыIэрысэхэр щIыналъэм иришын ипэ къихуэу, «Россельхознадзор»-м и IэщIагъэлIхэм къапщытэ абыхэм я фIагъыр зыхуэдэр икIи абы щыхьэт техъуэ тхылъымрэ транспорткIэ ахэр бгъэIэпхъуэ зэрыхъунум и дэфтэрымрэ ират.

                                                                  БЭВЫКЪУЭ Алыдж.

 

 

Поделиться: