Къэралым защIегъакъуэ
УФ-м и Правительствэм къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 12-м ахъшэ яхуиутIыпщынущ, абыхэм щащI курыт еджапIэхэм я ухуэныгъэхэр и кIэм нагъэсын, абы къыдэкIуэу, иджыпсту щыIэхэр къагъэщIэрэщIэжыфын папщIэ. Апхуэдэ унафэм иджыблагъэ Iэ щIидзащ Мишустин Михаил. Къэбэрдей-Балъкъэрыр яхэтщ къэралыр зыдэIэпыкъуну щIыналъэхэм. Республикэм и курыт еджапIэхэр зыхуэныкъуэ щымыIэу, иджырей мардэм къитIасэу къагъэщIэрэщIэжын папщIэ, ди щIыналъэм къыхуаутIыпщынущ сом мелуан 776-рэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым нэмыщI, апхуэдэ гулъытэ ягъуэтынущ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм ящыщу Дагъыстэным (сом мелуан 259,8-рэ), Къэрэшей-Шэрджэсым (сом мелуан 347,3-рэ), Осетие Ищхъэрэ - Аланием (сом мелуан 224,4-рэ). ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
13.11.2025 - 16:33 →
Я лэжьыгъэхэм топсэлъыхь
13.11.2025 - 16:00 →
ЛIыхъужьым и фэеплъу
13.11.2025 - 15:36 →
Шэджэм къалэм и уэрамхэр
13.11.2025 - 15:22 →
Комбатым и лIыгъэ
13.11.2025 - 14:50 →
ЩIэблэ узыншэ-2025
| ||



