Гъуэгу лэжьыгъэхэм пащэ

ИлъэситI ипэкIэ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм хиубыдэу Дзэлыкъуэ щIыналъэм щызэрагъэпэщыжауэ щытащ Дзэлыкъуэкъуажэ, Зольскэ, Белокаменскэ къуажэхэр зэпызыщIэ гъуэгур. Мы гъэм а лэжьыгъэхэм щыпащащ Светловодскэ къуажэм и Советскэ, Осетинскэ уэрамхэм. Зы километрым щIигъу зи кIыхьагъ а гъуэгум метри 6-кIэ зрагъэубгъуащ, асфальтыр щIэуэ тралъхьащ, гъуэгу дамыгъэхэр тращIащ.
А лэжьыгъэхэм къадэкIуэу зэрагъэпэщыжащ Дзэлыкъуэшхуэ псым телъ лъэмыжыр. Гъуэгу лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIащ къахуагъэува пIалъэм мазитIкIэ ипэ иту.
Мы пэхуэщIэм хиубыдэу иджыпсту зыхуей хуагъазэ Балъкъэр Ипщэ - Мухол гъуэгум телъ лъэмыжыр. Метр 30 зи кIыхьагъ а объектым мыхьэнэ ин иIэщ жылагъуитIыр зэрызэпищIэм къыхэкIыу. Нэгъабэ яубла лэжьыгъэм фIыуэ хагъэщIащ: Шэрэджыпсым щIэгъэкъуэнхэр хагъэжыхьри, лъэмыжыр зыIыгъыну гъущI лъащIэхэри зэпрыууэ тралъхьащ, гъуэгубгъуитIым Iутыну къэухьхэм я лъабжьэхэри щIадзауэ хагъэжыхь. Абы иужькIэ асфальтыр тралъхьэнурэ, гъуэгу дамыгъэхэр тращIэнущ.
«Къалэхэм иджырей теплъэ етын», «ПсэупIэмрэ къалэхэмрэ» пэхуэщIэхэм я лъэныкъуэкIэ Бахъсэн къалэм Лениным и цIэр зезыхьэ и уэрам нэхъыщхьэм и лъэс зекIуапIэр (Угнич и цIэр зезыхьэ уэрамым къыщыщIэдзауэ Гагариным и цIэр зезыхьэм нэсыху) щIадзауэ къагъэщIэрэщIэж. Абы зы километр и кIыхьагъщ, метр зэбгъузэнатIэ 6000 къызэщIеубыдэ. Мы зэманым жьы хъуа асфальтыр къытрагъэкъэбзыкI, къагъэсэбэпа псыр зрикIуэ бжьамийхэр зэрагъэпэщыж. Iуэхур зэраубзыхуамкIэ, асфальтыщIэ тралъхьа нэужь, а щIыпIэм уэздыгъэ пкъо дахэхэр, тетIысхьэпIэ екIухэр щагъэувынущ. Лэжьыгъэ псори фокIадэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIыну я мурадщ.
«Къэбэрдей-Балъкъэрым и транспорт системэм зегъэужьын» къэрал программэм хиубыдэу Бахъсэн къалэм и Школьнэ уэрамым хуэзэ «Кооператор» хьэблэм екIуалIэ гъуэгумрэ «Олимпийскэ» лъэс зекIуапIэмрэ зэIузэпэщ ящIынущ. А тIуми зэхэту километр 1,173-рэ я кIыхьагъщ. Иджыпсту бетон къэухьхэр ягъэув, асфальтрэ плиткэкIэ къращIыкIыну щIыпIэхэр зэтес ящI. Мы лэжьыгъэхэри фокIадэм нэмысу зэфIахынущ. Къэрал субсидиехэм я фIыгъэкIэ ремонт лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI Апэнэсым и цIэр зезыхьэ уэрамым къыщыщIэдзауэ Дыгулыбгъуей къуажэм и гъунапкъэм нэсыху. Абы и кIыхьагъыр километритIым ноблагъэ. Лэжьыгъэр илъэсыщIэм ирихьэлIэу и кIэм нагъэсынущ. Апхуэдэ гъуэгу лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIынущ Дыгулыбгъуей къуажэи Бахъсэным и цIэр зезыхьэ, километритI зи кIыхьагъ и уэрамми: асфальтыр щIэуэ тралъхьэнущ, светофорхэр, уэздыгъэ пкъохэр яхъуэжынущ. Мы махуэхэм а щIыпIэм уэшхыпс жапIэщIэхэр щаукъуэдий.

 

ЖАНХЪУЭТ Зузэ.
Поделиться:

Читать также: