Гъэмахуэм зыхуагъэхьэзыр

Бахъсэн щIыналъэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и управленэм и унафэщI Къаскъул Хьэмидбий дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, мы гъэм щIыналъэм гъавэр щыхасащ гектар 23077-м. Хьэсэхэм я нэхъыбэр нартыхущ - гектар 18600-рэ. 
Районым и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм апхуэдэу хасащ хьэпцIий, сэхуран, пасэу хъу нартыху IэфIыр, сое, рапс. ХадэхэкI зэмылIэужьыгъуэхэр щащIауэ яIэр гектар мини 5,5-м нос. Иджыпсту Iуву къызэщIэрыуа бжьыхьэсэ гъавэм гербицидхэмкIэ елэжьын щыхуей зэманщ. А  Iуэхур къызэрырахьэлIэм елъытащ гъавэм и бэвагъ хъунур. Ар фIыуэ къызыгурыIуэ мэкъумэшыщIэхэм уэфIу екIуэкI дэтхэнэ зы махуэри къызэрагъэсэбэпыным хэтщ: нартыху, сэхуран хьэсэхэм хущхъуэ траутхэ, уз зэмылIэужьыгъуэхэм, удз ежьужьхэм, хьэпщхупщхэм щахъумэн папщIэ.
Гъэмахуэ лъэхъэнэр гъавэгъэкIхэм я дежкIэ гъэунэхупIэшхуэщ -уэгъури уэлбанэрилэри гъавэм и бийщ. Дунейм и щытыкIэм кIэлъыплъхэм я жыIэм тетщIыхьмэ, гъэмахуэр ямылейуэ хуэбэну хуагъэфащэ, псы зэрыщIагъэлъадэ кIэнауэхэр къэгъэсэбэпын хуейуэ. Абы псом хуэмыдэу хуэныкъуэнущ нартыху хьэсэхэр. Мыр къыхэгъэщыпхъэщ - псы къиугъуэм пэщIэтынымкIэ пэхуэщIэм хиубыдэу километр 22-рэ зи кIыхьагъ, 1957 гъэм яухуа, Къубэ-Тэбэ, Къулъкъужын Ипщэмрэ Ищхъэрэмрэ я гъавэщIапIэхэр зэпызыщIэ Хьэтэкум кIэнауэр ягъэкъэбзащ. Иджы ар хуиту къагъэсэбэп хъунущ мэкъумэш IуэхущIапIэхэм. 

 

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться:

Читать также: