Ди газетымкIэ хъыбар зэрывэдгъэщIащи, Санкт-Петербург щокIуэкI XXVII петербург дунейпсо экономикэ зэхыхьэр. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и нэIэ щIэту къызэрагъэпэща Iуэхур дуней псом мыхьэнэшхуэ щызиIэ зэIущIэщ. Ар зытеухуар зыубзыхуар Путин Владимирщ. «Къэрал куэд щызэдэлажьэ дунейр зыужьыныгъэм и хэкIыпIэщIэщ» Iуэхум хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зи пашэ лIыкIуэ гупыр. Къапщтэмэ, Кавказ Ищхъэрэм и хэгъэгу псоми, Къэбэрдей-Балъкъэрри яхэту, утыкухэр къыщызэрагъэпэщащ ПМЭФ-м. КъищынэмыщIа-уэ, зэгурыIуэныгъэхэр, зэпсэлъэныгъэхэр, зэIущIэхэр ирагъэкIуэкIащ.
Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, республикэ Iэтащхьэмрэ МСП-м и корпорацэм и унафэщI Исаевич Александррэ Iэ щIадзащ я зэдэлэжьэныгъэр зэрырагъэфIэкIуэну зэгурыIуэныгъэм. Абы лъабжьэ хуэхъур республикэм щылажьэ хьэрычэтыщIэ Iуэху мащIэмрэ курытымрэ къэралыр нэхъыбэу ядэIэпыкъунырщ.
КIуэкIуэ Казбек жиIащ: «ХьэрычэтыщIэ Iуэху мащIэмрэ курытымрэ зегъэужьыныр ди лъахэм и экономикэр егъэфIэкIуэным и зы Iыхьэщ. МСП-м и корпорацэм дыдэлажьэмэ, зыхуэдгъэувыжа мурадхэр къыдэхъулIэнущ, щIыналъэмрэ хьэрычэт Iуэхум зегъэужьынымкIэ федеральнэ институтымрэ я зэдэлэжьэныгъэм сэбэп куэд къыпэкIуэнущ».
Иужьрей илъэсхэм республикэм и хьэрычэтыщIэхэр нэхъ жыджэр хъуащ, уней хьэрычэт Iуэху зиIэу мин 22-рэ ятхащ, зи щхьэ Iуэху зезыхуэу мин 72-рэ диIэщ.
(КIэухыр 2-нэ нап.).
Банк IуэхухэмкIэ сэбэп мэхъу
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Петербург дунейпсо экономикэ зэхыхьэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыхуэзащ Газпромбанкым и унафэщIхэм я Iэтащхьэм и къуэдзэ Зауэрс Дмитрий. КъулыкъущIэхэр тепсэлъыхьащ дяпэкIэ зэрызэдэлэжьэну щIыкIэм, апхуэдэуи КъБР-м и Правительствэмрэ Газпромбанкымрэ зэдащIэну Iуэхум теухуа зэгурыIуэныгъэм Iэ щIадзащ.
«Газпромбанкыр ди республикэм пщIэ зыхуищI лэжьэгъухэм ящыщщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар сэбэп мэхъу инвестицэ программэхэр дгъэзэщIэнымкIэ, уней хьэрычэтыщIэхэми цIыху щхьэхуэми банк IуэхухэмкIэ защIегъакъуэ. ДяпэкIи зэгъусэу зэфIэтхыну Iуэхухэм ди щIыналъэм и экономикэм зригъэужьыну си гугъэщ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
Зауэрс Дмитрий къыхигъэщащ ди хэгъэгум зэрыщылажьэ лъэныкъуэхэм нэхъри зэрызрагъэубгъунур, абы хьэрычэтыщIэ Iуэху инхэми, курытми заужьынымкIэ, хэгъэгум щыпсэухэм я хэхъуэр нэхъыбэ хъунымкIэ фейдэ къызэрыпэкIуэнур.
ЭлектрокъарукIэ
къызэгъэпэща мэхъу
«РусГидро»-м и генеральнэ унафэщI Хмарин Викторрэ КъБР-м и Iэтащхьэмрэ инвестицэ проектхэмрэ программэхэмрэ гъэзэщIа зэрыхъум щытепсэлъыхьащ экономикэ зэхыхьэ иным, абы хэтщ Бахъсэн Ипщэ гидроэлектростанц щаухуэну нэгъабэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэри.
Къэбэрдей-Балъкъэрым нобэ щолажьэ МГЭС-у 8. Иджыри мыхьэнэшхуэ зиIэ инвестицэ проекту тIу щагъэзащIэ, ар Шэрэдж МГЭС-мрэ зи гугъу тщIа Бахъсэн Ипщэ гидроэлектростанцымрэщ. Псыгуэнсу и гъунэгъуу щащI Шэрэдж МГЭС-р и кIэм ноблагъэ, абы сом меларди 7,5-рэ халъхьащ.
ЛъэбакъуэщIэ
Ди республикэм и Iэтащхьэм зэгурыIуэныгъэ зрищIылIахэм ящыщщ Урысей экспорт центрым и генеральнэ унафэщI Никишинэ Вероникэ. А зэдэлэжьэныгъэм ди щIыналъэр дунейпсо сату утыкум иришэнущ, фейдэ къыпэкIуэнущ.
КIуэкIуэ Казбек зэрыжиIамкIэ, Урысей экспорт центрыр къыдэIэпыкъумэ, ди республикэр лъэныкъуэ зыбжанэкIэ экспортёр лъэщ хъуфынущ. ЗэгурыIуэныгъэм и фIыгъэкIэ IуэхущIапIэ зыкъомым къыщIагъэкIхэмрэ ящIхэмрэ щIыпIэ нэхъыбэм ирагъэшэфынущ.
Къэбгъэлъагъуэмэ, КъБР-м куэд щIауэ щолажьэ экспортым зезыгъэужь утыкухэр. Иужьрей илъэситхур къапщтэмэ, ди хэгъэгум щащIауэ ирашым и бжыгъэр процент 30-кIэ хэхъуащ. КъухьэпIэм къытхуигъэува санкцэхэм емылъытауэ, Урысейр лъэ быдэкIэ хэтщ дунейпсо экономикэм, ди республикэри хамэ къэралхэм щыIэ IуэхущIапIэхэм ядолажьэ, куэд ирагъашэ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щащI ирагъашэ Беларусым, Узбекистаным, Къэзахъ- станым, Къыргъызым, Армением, Китайм, Ираным, Тыркум, Куржым, Монголием, Афганистаным. Абыхэм иращэ ди деж къыщыщIагъэкI IэфIыкIэхэр, фIэIугъэхэр, лыхэкIхэр, гуэдз, псы зэмылIэужьыгъуэхэр, кхъуей, нэгъуэщIхэри. НэгъуэщIу жыпIэмэ, КъБР-м и мэкъумэш IэнатIэм къыщалэжь псоми хуэныкъуэщ нэгъуэщI къэралхэр.
Севастополрэ
Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ
Петербург дунейпсо экономикэ зэхыхьэм ди щIыналъэм и унафэщIым мыхьэнэшхуэ зиIэ зэгурыIуэныгъэ куэдым Iэ щытридзащ, абыхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Севастополь къалэмрэ дяпэкIэ зэдэлэжьэну зэраубзыхуам теухуар.
КIуэкIуэ Казбекрэ Севастополь и губернатор Развожаев Михаилрэ сату-экономикэ, щIэныгъэ-техникэ, псэукIэм, щэнхабзэ, нэгъуэщIхэмкIи зэдэлэжьэну зэрафIэигъуэр жаIащ.
«Севастополь ди къэралым и ипщэ кхъухьтедзапIэхэм ящыщ зыщ икIи Урысейм и экономикэм зиужьынымкIэ къалэнышхуэ егъэзащIэ, ди къэралыр дунейпсо сату утыку изышэ «лъэмыжу» жыпIэ хъунущ. Зы шэч къытесхьэркъым, ди щIыналъэхэр зэрызэдэлэжьэн Iуэху куэд зэрыщыIэм. Нобэ зэтщIылIа зэгурыIуэныгъэр сэбэп хъунущ ди IуэхущIапIэхэр нэхъри зэпыщIа хъунымкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым дежкIи фIыщ Севастополь нэхъыфIу зригъэцIыхуну, и IэнатIэхэм дэлэл хэмыту зыпищIэну Iэмал зэригъуэтыр. Дэ абыхэм яхуэдгъэлъагъуэфынущ мэкъумэш, туризм, зыгъэпсэхупIэ я лъэныкъуэкIэ диIэ хъугъуэфIыгъуэхэр. Псом хуэмыдэу Севастополь зыхуэныкъуэ куэд къыщыщIагъэкI «Тэрч» алмаз заводым», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
Развожаевми къыхигъэщащ я къалэр нобэ нэхъ псынщIэу зызыужьхэм зэращыщыр, абы къыхэкIыу, КъБР-м къыхуигъэлъагъуэ псомкIи дэлэжьэну зэрыхьэзырыр. «Къэбэрдей-Балъкъэрыр Кавказым и щIэныгъэ, егъэджэныгъэ центрхэм ящыщ зыщ, зыщыбгъэпсэхуным сыткIи тещIыхьащ. Си фIэщ мэхъу тIуми ди фейдэ къызыхэкIын зэпыщIэныгъэхэр зэрызэтедублэфынур», - жиIащ губернаторым.
ЩIалэгъуалэр
иужь къинэркъым
«Урысей студент отрядхэр» щIалэгъуалэ урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и штаб нэхъыщхьэм и унафэщI Парамонов Дмитрийрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ щызэхуэзащ икIи лэжьыгъэ Iуэхум щытепсэлъыхьащ зэхыхьэ иным.
Республикэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм лъабжьэ хуэхъуар ди щIалэгъуалэр студент отряд зэщIэхъееныгъэм нэхъыбэу хэшэнырщ. Ахэр нобэ Урысей псом и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щолажьэ. Зэгухьэныгъэм и къудамэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэIуахауэ щытащ 2022 гъэм икIи мы гъэм ныбжьыщIэ 250-рэ Iуэхухэ пэрыхьэнущ. Студентхэр щылэжьэнущ гъэмахуэ сабий зыгъэпсэхупIэхэм.
2024 гъэм студент отрядхэр къызэрыунэхурэ илъэс 65-рэ мэхъу, иджырей зэгухьэныгъэхэр къызэрежьэжрэ илъэс 20 ирокъу. Мы гъэм урысейпсо слёт ящIынурэ зэхуащIыжынущ юбилей илъэсыр, абы хэтынущ ди щIалэгъуалэри.
КIуэкIуэ Казбек Парамонов Дмитрий фIыщIэ хуищIащ щIыналъэ щIалэгъуалэм зэрадэлажьэ щIыкIэм зиужьын папщIэ хэкIыпIэхэр къызэрахуигъэлъагъуэм щхьэкIэ.
Мэкъумэш IэнатIэм
щIэгъэкъуэн щохъу
Россельхозбанкым и правленэм и унафэщI Листов Борисрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Iэ щIадзащ ди республикэм и экономикэм мылъку нэхъыбэ къыхалъхьэнымкIэ, хьэрычэтыщIэ Iуэху мащIэмрэ курытымрэ зыщIагъэкъуэнымкIэ, банк Iуэхутхьэбзэхэм нэхъри зегъэубгъунымкIэ, къуажэхэм зегъэужьынымкIэ, фермэхэр нэхъыбэ щIынымкIэ, нэгъуэщI лэжьыгъэхэми нэхъ жыджэру хэтынымкIэ щIапхъэхэр щыгъэбелджыла дэфтэрым.
Россельхозбанкыр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщылажьэ 2001 гъэ лъандэрэ республикэ экономикэм сом мелард 61,5-рэ къыхуиутIыпщащ. абы щыщу мелард 43,4-р зыхухахар мэкъумэш IэнатIэм и зыужьыныгъэрщ.
НобэкIэ щIыналъэм къыщызэIуаха IуэхущIапIэ нэхъ иныр «Шэджэм-Агро» хуабэщхэрщ. Абы и зы Iыхьэм лэжьэн щIидзагъэххэщ. Псори зэхэту гектари 100 еубыд.
Апхуэдэ мэкъумэш Iуэху ину 72-м сом мелард 13-м щIигъу хилъхьащ Россельхозбанкым.
IэмалыщIэхэмкIэ
къыдахьэх
Петербург дунейпсо экономикэ зэхыхьэм дыгъуасэ къыщызэIуахащ «Берлога» лъэпкъ киберфизикэ утыкур. Абы игъэхьэзыра проектхэр къыщагъэсэбэпынущ Урысейм и щIыналъэхэм щыIэ еджапIэхэм. МызыгъуэгукIэ абы дэлэжьэну хэгъэгу 11-м ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр.
«Берлога» проект гъэщIэгъуэным елэжьащ Стратегие жэрдэмхэмкIэ агентствэр, Технологие жэрдэмхэмкIэ лъэпкъ университетыр, Технологие гупжьейхэм хэтхэм я зэгухьэныгъэр, нэгъуэщIхэри.
Iуэхум лъабжьэ хуэхъур техникэ творчествэмрэ технологие щIэныгъэмрэ сабий нэхъыбэ хэшэнырщ, ар къызэрызэрагъэпэщыну Iэмалхэм ящыщщ иджырей школакIуэхэр дэзыхьэх мобильнэ джэгукIэхэр.