Адыгэ диалектхэм къатехъукIа бзитI

Урыс-Кавказ зауэжьым и зэранкIэ адыгэхэр зэпэIэщIэ ящIри, тхыбзэ ямыIэу, диалектхэр зэлъэмыIэсу, псалъэкIэ зэмыхъуажэу зэман куэд дэкIащ. Адыгэбзэр зэкъуэуда зэрыхъуа щIыкIэм тотхыхь филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор БакIуу Хъанджэрий: 
«I950 гъэхэм елъытауэ нобэ адыгэбзэм фIыуэ зиужьащ. А зэманым къагъэсэбэпу щыта урыс псалъэхэу: народ, поэт, стиххэр, нэгъуэщI куэд адыгэ псалъэм хуэкIуащ. Лейуэ къэдгъэсэбэпу щыта суффиксхэри адыгэ псалъэхэм пыхужащ, псом хуэмыдэу «ский» жыхуиIэр. Советскэ Союзыр – Совет Союз, Коммунистическэ партыр – Коммунист парт хъуахэщ, я мыхьэнэри къызэтенащ.
Хамэбзэхэм къыхэкIа псалъэхэр иужьрей илъэсхэм жыджэру зэрахъуэкI хъуащ адыгэ псалъэхэмкIэ е адыгэу къащыхъухэмкIэ. Ар япэ игъэщын хуей Iуэхуу си гугъэкъым. Дэ дызытегузэвыхьыпхъэр нобэ дунейм къытехьэ гурыIуэгъуэщIэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ я фIэщыгъэхэр бзэм хэдгъэзэгъа зэрыхъунырщ, армыхъумэ псалъэ къэдгъэIурыщIар хэддзыжыныркъым, зэхъуэкIыныркъым. Лейуэ къысщохъу «культурэ», «район», нэгъуэщI псалъэ зыбжани IэщIыб зэрытщIар. Тырку псалъэ «куейр» сыткIэ нэхъыфI дызэса «район»-м нэхърэ? А псор къыщIэхъур терминологием кIэлъыплъ комиссэ е нэгъуэщI орган хэха зэрыдимыIэрщ. IэщIагъэлIхэм, бзэм елэжь щIэныгъэлIхэм я Iизыныншэу псалъэщIэхэр хэгъэхьэн хуейкъым IуэхущIапIэхэм, еджапIэхэм, прессэм щылажьэм я бзэм. Адыгэбзэм и лексикэм и зыужьыкIэр зыми и нэIэ щIэткъым, аращ «сэ фIэзмыгъэжар хьэрэмщ» жызыIэхэр нэхъыбэ щIэхъур. Адыгэбзэм и блэкIам, абы и зыужьыкIэм зэран хуэхъухэр сэтей къэщIауэ и къэкIуэнум дытемызашэу дытелэжьэн хуейщ.
Адыгэбзэм и дыгъуасэм уриплъэжмэ, Урысей империем дыщыхэсам дэри, хэхэс адыгэу хамэ къэралхэм нобэ щыпсэухэм хуэдэу, дыщытащ, «ди гур пхъэуэ, ди лъэр пхъэм дэнауэ». Алфавит, тхыбзэ щIыпIэ гуэрхэм щызэхалъхьэрти, щIэблэр щрагъаджэрт, ар къызэзыгъэпэщхэр «меценат» жыхуаIэ цIыху жумарт закъуэтIакъуэхэрат е хасэхэрт. Зэпымыууэ ахэр, щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу, Iуэхум яужь итыфыртэкъыми, а лэжьыгъэр зэпыурт. Адыгэбзэр, СССР-м хиубыда адрей лъэпкъхэм яйм хуэдэу, ядж щыхъуар совет лъэхъэнэрщ. Абы щыгъуэм сабийхэм я анэхэм зыри еупщIыртэкъым нобэ хуэдэу: «Уи сабийм адыгэбзэ ебгъэджыну ухуей?» – жаIэу. Революцэм иужькIэ 20-30 гъэхэм ирагъэкIуэкIа «Культурэ революцэ»-м и фIыгъэкIэ школхэм щеджэм нэмыщI балигъхэри хагъэзыхьурэ тхэфу, еджэфу ягъэсащ. 
Къэбэрдеймрэ КIахэмрэ (иджы Адыгей жыхуэтIэмрэ) пасэ дыдэу зэпэIэщIэ хъуащ, езы Къэбэрдейми I804-I822 гъэхэм къуажэ 62-рэ хэкIри Инжыдж, Инжыджышхуэ, Лабэ и Iуфэхэм Iэпхъуащ. Ахэри а зэманым щыщIэдзауэ совет лъэхъэнэм къэсыху зэпэIэщIэу щытащ. Пащтыхь къулыкъущIэхэм я Iизыныншэу зэIыхьлыхэри зэкIэлъыкIуэну хуиттэкъым. Абдеж къыщожьэ адыгэ лIакъуэхэри, диалектхэри, бзэри зэкъуэуда хъуныр. КърикIуар псоми дощIэ – адыгэ диалектхэм къатехъукIащ бзитI: къэбэрдеибзэмрэ адыгеибзэмрэ. Абы ипэкIэ адыгэ псори, хэт сыт хуэдэ диалект иIэми, зэгурыIуэрт, ауэ нобэ жыIэгъуейщ къэбэрдейхэмрэ адыгейхэмрэ хуиту зэгурыIуэу. Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэр нэхъ зэхэпхъауэ зэрыпсэум и фIыгъэкIэ зэгуроIуэ адыгэбзэ зыщIэж псори.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, адыгейхэмрэ къэбэрдейхэмрэ зэпэIэщIэ, зэтемыхуэ зыщI Iуэхур ноби къэувыIакъым. Адыгэхэм иужьрей илъэсхэм къагурыIуащ зы бзэ, зы тхыбзэ диIэн зэрыхуеяри, зэрыхуейри, ауэ ар гъащIэм хэппщэныр кIасэ хъуащ. Совет зэманым къызэрагъэпэща Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгей республикэхэм щыпсэухэм тхыбзэ щаухуэм адыгэ псоми зы бзэ яIэн зэрыхуейр къэзыгъэува щIэныгъэлIхэри щыIащ. Хэкум икIыжа щIэныгъэлI ТIрахъуэ Рэмэзан (I9I4 гъэм Адыгейм къыщалъхуащ, МКъУ-м и филологие къудамэр къиухащ, Москва КъуэкIыпIэр джынымкIэ и институтым щылэжьащ Яковлев Н.Ф. и гъусэу. Мейкъуапэ дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтми щылэжьащ. Зауэм щыгъуэ гъэр хъури къигъэзэжакъым, Мюнхен I964 гъэм щылIащ) итхыжащ: Латин графикэр къыщащтэм зэлъэпкъэгъухэр алфавиткIэ зэкIэщIачащ. Ар ягъэзэкIуэжыну, зы тхыбзэм трагъэувэжыну щIэныгъэ конференцхэр щекIуэкIат Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Шэшэн-Ингушым, Дагъыстэным, ауэ къайхъулIакъым, а Iуэхур къезыхьэжьахэр ягъэкIуэдащ, «буржуазнэ националист» фIащри… ИужькIэ I930 гъэм «АлфавитыщIэм теухуауэ ЦИК-м къищта и унафэм щIэту Москва комитет къыщызэрагъэпэщащ «адыгэ-шэрджэс-къэбэрдей» алфавитхэр (шэшэн-ингуш, дагъыстэн зэIыхьлыхэм яйхэри) зэпэгъунэгъу щIыным телэжьэну. Ауэ ар яIэщIэхужри псори кириллицэм техьэжащ, комитетым и унафэщI Коркмасов Джелали I937 гъэм хьэкъ имыIэу яукIащ. Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэр 30 гъэхэм щымыIамэ, нобэ адыгэ псори зы бзэкIэ дытхэу щытынут. БлэкIар блэкIащ, абы къыпхуегъэгъэзэжынукъым, иджы Iэмал имыIэу Iуэхур дгъэзэкIуэжын хуейщ, хэмыкIасапэ щIыкIэ.
Урыс-Кавказ зауэм щыгъуи ар иуха нэужьи Хэкум къинэжа адыгэ къуажэхэр къэзакъ станицэмкIэ зэпэIэщIэ зэращIам и зэранкIэ КIахэ адыгэхэмрэ Къэбэрдей адыгэхэмрэ я бзэр зэщхьэщыкIащ. Адыгэхэм тхыбзэ къащыIэрыхьам абыхэм езым я область щхьэхуэ яIэт. Бзэм теухуа унафэхэр зэрагъэпсари къулыкъущIэхэр зэрыхуейм хуэдэущ. Ар литературэбзэр зыуэ ухуэным зэран хуэхъуащ. Иджы нобэ зы литературэбзэм ухуэкIуэжыныр нэхъ гугъуж хъуащ. Лъэпкъыр бзэкIи щIыпIэкIи гуэшауэ зэбгъэдокI кIуэ пэтми. Хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм я Iуэхур нэхъыкIэжщ – я адыгэбзэр яфIокIуэдыжыпэ».

 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться: