Лъэпкъыр щIэгушхуэ тхыдэдж

КъБР-м щыщ тхыдэ щIэныгъэлI Мэрзей Аслъэнбэч Абхъазым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым, Гулиа Дмитрий и цIэр зезыхьэм, и доктор диссертацэр щыпхигъэкIащ накъыгъэм и 30-м: «Адыгэхэм я зауэлI щэнхабзэмрэ абы курыт лIэщIыгъуэхэм щегъэжьауэ XX лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм пщIондэ зэрызихъуэжамрэ». 
 Мэрзей Аслъэнбэч Владикавказ къыщыхъуащ, КъБКъУ-м и тхыдэ факультетыр, иужькIэ Миклухо-Маклай и цIэр зезыхьэ, этнологиемрэ антропологиемкIэ институтым и аспирантурэр къиухащ, и кандидат диссертацэр зытеухуар адыгэхэм я зекIуэ хуэIухуэщIэхэрщ. Тхыдэмрэ этнологиемрэ епхауэ тхыгъэ 60-м щIигъу зи Iэдакъэ къыщIэкIа Мэрзейр 1992-1993 гъэхэм Куржы-Абхъаз зауэм хэтащ, Абхъазым и лIыхъужьщ. Дызэрыт зэманым Аслъэнбэч республикэм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым щолажьэ, Абхъаз къэрал университетым щрегъаджэ. 
  Кавказыдж цIэрыIуэ Анчабадзе Юрий и унафэм щIэту Мэрзейм игъэхьэзыра диссертацэм кIэлъыплъащ Адыгейм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и щIэныгъэлI пажэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор ХъуэткIуэ Самир, Санкт-Петербург дэт, промышленнэ IэмэпсымэхэмкIэ институтым и егъэджакIуэ, доктор, профессор Дмитриев Владимир, Ман Омар сымэ. 
Дэтхэнэ лэжьыгъэ щхьэпэми ещхьу, Мэрзейм и IэдакъэщIэкIым мыхьэнэ къызэрымыкIуэ къезытыр езым и Iуэху еплъыкIэрщ. Адыгэхэм я зэуэкIэр иджыри къэс зауэлI хабзэ къудейуэ къалъытам и лъабжьэм дуней тетыкIэ щхьэхуэ, цIыху зэхущытыкIэ, тегъэщIапIэ укъуэдияхэр зэрыщIэлъыр, зауэлI щэнхабзэ хъужри зэрыарар гурыIэгъуэ ищIащ диссертацэм.
«Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэр къызэрацIыху, абыхэм зэуэн Iуэхум ирахьэлIэ псэкупсэ щIэныгъэр пасэрей зэманым къэнакъым, атIэ ди лъэхъэнэм къэсауэ, а лъэпкъхэм я гупсысэкIэм хэтщ, - жиIащ Аслъэнбэч и лэжьыгъэм щытрагъэпсэлъыхьым. – ЖысIэм и щапхъэщ XX лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм Совет Союзу щыта къэралым къыгуэхужа щIыпIэхэм щекIуэкIа дзэ зэпэщIэувэныгъэхэм хэтахэм далъэгъуахэр, псалъэм папщIэ, Абхъазымрэ Шэшэнымрэ щекIуэкIа зауэхэм». 
 Аслъэнбэч и диссертацэм мыхьэнэшхуэ зэриIэм тепсэлъыхьащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Гумбэ Гъурам: «Мэрзей Аслъэнбэч и доктор диссертацэр адыгэхэм я дзэ щэнхабзэр къыщызэщIиубыда лэжьыгъэ купщIафIэ хъуащ. Дзэ щэнхабзэр къудамэ щхьэхуэу зэрыщыIэр къызэригъэлъэгъуам нэмыщI, ар зауэ зэманым и закъуэ зэремыпхар, дзэм щызэфIэувэ хабзэхэр мамыр гъащIэми къызэрыщыщхьэпэм гу лъитащ Мэрзейм. Ар адыгэ дуней тетыкIэм къыпхухэмыхыну хэлъ хъугъуэфIыгъуэщ. Абы и лэжьыгъэм теорие и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэ ин дыдэ иIэщ. Аслъэнбэч къигъэлъэгъуащ Кавказ КъухьэпIэм и тхыдэр зэрыубыдауэ, зыр адрейм епхауэ зэрыщытыр. Псом нэхърэ нэхъ лъапIэращи, адыгэ лъэпкъым теухуауэ зыхэIэтыкIыныгъэ гуэри ущрихьэлIэркъым абы и Iуэху бгъэдыхьэкIэм. Кавказ тхыдэ щIэныгъэм щызекIуэ IэбэкIэ екIур дэплъагъуу, егъэлеяуэ хабзэшхуэ хэлъу и лэжьыгъэм къыщыпэрыуэхэм яхущытщ Мэрзейр. Мы диссертацэмкIэ Аслъэнбэч Кавказ тхыдэр джыным хуэщхьэпэну лъабжьэшхуэ игъэтIылъащ». 
  Диссертацэр Адыгейм гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и нэIэ щIэту зэрагъэхьэзырам къыхэкIыу, еджапIэм къыбгъэдэкI псалъэм къеджащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, щIэныгъэ секретарь Касландзие Наалэ: «Адыгэхэм я дзэ щэнхабзэр зэрызэфIэувам теухуауэ къэхутэныгъэщIэхэр егъэкIуэкIын зэрыхуейр тхыдэджхэм IэмэпсымэщIэхэр къазэрыIэрыхьам къегъэлъагъуэ. Iэмал псори къигъэщхьэпэри, Мэрзей Аслъэнбэч дзэ щэнхабзэм зэман кIыхькIэ зэрызихъуэжа щIыкIэр къигъэлъэгъуэн хузэфIэкIащ». 
  Гукъинэжщ профессор Дмитриев Владимир къыщыпсалъэм жиIахэри: «Зытепсэлъыхьыгъуей, зэхэгъэкIыгъуей, зи пэжыр къэхутэгъуей Iуэхугъуэм теухуа лэжьыгъэщ нобэ утыку кърахьар. Урысейпсо тхыдэ щIэныгъэм и зы Iыхьэу щыт Кавказ тхыдэм и пэжыпIэр щызэхэкI гуэру къэслъытэну сытогушхуэ абы, Урысейм ис лъэпкъхэм язу щыт адыгэхэм я щэнхабзэр джынри псоми ди зэхуэдэ цIыхугъэ къалэнщ. Иджы щыIэхэм гугъу уехьу фIэкIа къапхугурымыгъаIуэ Iуэхугъуэщ мы диссертацэр зытепсэлъыхьыр, итIани, ари умыджу хъунукъым, пэжыр наIуэ хъун папщIэ, сыту жыпIэмэ, цивилизацэм и Iэпэгъуу къанэ зауэхэр, лъэпкъ зэпэщIэтыныгъэхэр ди зэманми йокIуэкI». 
  «Иджыри къэс адыгэ щэнхабзэм тепсэлъыхьа тхыдэджхэм ар утыку къызэрырахьэр зауэлI, дзэ Iэзагъ къудейуэщ, - къыхигъэщащ ХъуэткIуэ Самир. – Мэрзей Аслъэнбэч илъэс 30-кIэ иригъэкIуэкIа и къэхутэныгъэхэр къыщызэщIикъуэжа и лэжьыгъэм япэу гу лъыдегъатэ абы, ар щIэныгъэлIым и инагъыр къэзыгъэлъагъуэ Iуэхугъущ, адыгэ шыфэлIыфэр щэнхабзэ лъагэу, дуней тетыкIэу, нэгъуэщIу жыпIэмэ, нэхъ куууэ щыт Iуэхугъуэ щхьэхуэу зэрыщытым мыхьэнэ ирет». 
  Къэпсэлъапхъэхэр я еплъыкIэхэмкIэ зэдэгуэша нэужь, щIэныгъэлIхэм я советым хэтхэм зэакъылэгъуу унафэ къащтащ Мэрзей Аслъэнбэч тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор цIэр хуэфащэу. 
  Уигу хэзыгъахъуэ Iуэхугъуэ щапхъэщ диссертацэр пхызыгъэкI Мэрзей Аслъэнбэч и гуфIэгъуэр даIыгъыну Къэбэрдей-Балъкъэрми цIыху зыбжанэ зэрикIар. КъызыхэкIа и лIакъуэм и щхьэр лъагэу щIиIэтыфын щхьэусыгъуэ къудей мыхъуу, тхыдэдж нэсыр лъэпкъым, цIыхубэм, дунейм я лIыкIуэщ. А псалъэшхуэхэр и щэнкIи, и дуней тетыкIэкIи зыхуэфащэ ди лъахэгъум дэри гурэ псэкIэ дохъуэхъу, сыадыгарэт жозыгъэIэ лэжьыгъэ щхьэпэ куэд иджыри дунейм къытригъэхьэну дыщыгугъыу. 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: