Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!Урысейм и махуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу! Мы къэрал махуэшхуэр ди Хэкум лIэщIыгъуэкIэрэ къикIуа гъуэгуанэм, абы и лъэщагъымрэ Iулыджымрэ щыхьэт тохъуэ, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я зэкъуэтыныгъэр, Хэкум дызэрыхуэпэжыр, абы и зэIузэпэщыныгъэм папщIэ жэуаплыныгъэ зэрытхьыр, хэкупсагъэмрэ хабзэхэмрэ дызэрытетыр къегъэлъагъуэ. Нобэ дызыхэпсэукI зэман мытыншым зи гугъу сщIы хъугъуэфIыгъуэхэм жылагъуэр нэхъри зэкъуегъэувэ, нэгъуэщIхэм къытхуагъэув лъэпощхьэпохэм шэпэIудз хуохъу, ди къэралыгъуэр ефIэкIуэн, зиужьын папщIэ къытпэщылъ къалэнхэм дытрегъэгушхуэ. Хъуэхъум я нэхъ гуапэр ди хэкуэгъу-зауэлIхэм, Урысейм и щхьэхуитыныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ яхъумэу дзэ Iуэху хэхам хэтхэм яхузогъэхь. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми дрогушхуэ икIи икIэщIыпIэкIэ узыншэу я унэ къекIуэлIэжыну дахуолъаIуэ. Си фIэщ мэхъу дызэкъуэтмэ, дызэрыIыгъмэ, дызэгурыIуэу лэжьыгъэм дыпэрытмэ, сыт хуэдэ гугъуехьри къызэрызэднэкIыфынур, Урысей лъэщым и къэкIуэнур езыгъэфIэкIуэну къалэнхэм дазэрыпэлъэщынур. Сигуми си псэми къыбгъэдэкIыу узыншагъэ быдэ, мамырыгъэ, зэIузэпэщыныгъэ фиIэну сынывохъуэхъу. КIуэкIуэ Казбек, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




