Къулейхэми зэрахьэрт кIэпхынырДи зэманым щыIэ хьэпшып, щыгъын е Iэмэпсымэ щхьэхуэхэм хъыбар гъэщIэгъуэнхэр яIэщ. Псалъэм папщIэ, кIэпхыным. «КIэпхын» псалъэр нэмыцэбзэм къытекIащ, «зыIуапхэ IэлъэщI» жиIэу къокI. КIэпхыныр къыщыунэхуауэ къалъытэ Пасэрей Мысырым. Абы кIэпхыныр щызэрахьэрт цIыхухъу къулыкъущIэхэм – фэ бгырыпхым щэкI плIимэ цIыкIухэр драгъэубыдэрт. Мысырхэм щапхъэ трахащ европейхэм. ЯпэщIыкIэ ар къыщагъэсэбэп хъуащ Критэрэ Микенхэмрэ, иужькIэ дэни щызэщIэлъэIэсащ. Пасэрей алыджхэм кIэпхыныр «хитоным» (пасэрей джанэ лIэужьыгъуэщ) и щхьэм къытралъхьэрт. Ахэр ягъэщIэращIэрт тхыпхъэ зэмыфэгъухэмкIэ. Урымым кIэпхыныр яIулът гладиаторхэм, зауэлIхэм.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




