«Си унагъуэ, си Урысей»

Урысейм и махуэм и щIыхькIэ Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъум и утым къыщызэIуахащ «Си унагъуэ, си Урысей» сурэт гъэлъэгъуэныгъэр. Абы ущеплъ хъунущ «Анэм и щIыхь» медалыр, «Адэ-анэм я щIыхь» орденыр зыхуагъэфэщахэм, «Илъэсым и унагъуэ-2024» урысейпсо зэпеуэм и республикэ Iыхьэм щыте­кIуахэмрэ ехъулIэныгъэ къыщызыхьахэмрэ, ап­хуэдэуи дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэм я уна­гъуэхэр къызэрыщ сурэтхэм. Гъэлъэгъуэныгъэм щхьэхуэу хагъэхьащ сабийхэм ящIа «Си унагъуэ,  си Урысей» сурэтхэри. 
Мы Iуэхум мыхьэнэшхуэ иIэщ унагъуэм и лъапIэ­ныгъэхэр хъумэнымкIэ, унагъуэ узыншэм и щапхъэхэр гъэлъэгъуэным, унагъуэ насыпым ефIэ­-кIын зэрыщымыIэр цIыхухэм къагурыгъэIуэным теухуауэ. Нэхъыщхьэращи, щIэблэм зыхащIэн ­хуейщ а псом и IэфIагъыр. 
ГЪУЭТ  Синэ.
Сурэтыр  Къарей  Элинэ  трихащ.

Поделиться:

Читать также: