Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къурмэн махуэ лъапIэм теухуа и хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым ис муслъымэнхэм си гуапэу сы­нывохъуэхъу! 
Ислъам диныр зезыхьэхэм нэхъ лъапIэ дыдэу къалъытэ ­махуэшхуэхэм язщ мы махуэр икIи гуапагъэм, хьэлэла­гъым, гулъытэм, пэжагъым, гумащIагъым и нэщэнэу зэрыщытым къыхэкIыу IуэхуфIхэр щалэжь пIалъэщ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэр дин хабзэфIхэм теткIэрэ республикэм гъащIэ зэIузэпэщ щыIэным я гуащIэ ­халъхьэ, псэкупсэ, щэнхабзэ щIэин къулейр хъумэным ­толажьэ, дин, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIа цIыху­хэр зэгурыIуэным, къыдэкIуэтей щIэблэр гъэсэным иужь итщ. 
Си фIэщ мэхъу Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэр ди жылагъуэр зэкъуэтыным, лъэпкъхэр нэхъри зэрыу­бы­дыным, республикэм мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ щыгъэIэным дяпэкIи ерыщу зэрыхуэлэжьэнур. 
Сигуми си псэми къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу узын­-шагъэ быдэ, зэIузэпэщыныгъэ фиIэну.

Поделиться:

Читать также: