IэщIагъэр гукIи псэкIи къыхэпхамэ...

Къумыкъу Анфисэ:

Узыпэрыт IэнатIэр уи псэм къыдыхьэмэ, абы къалэн къыпщищI лэ­жьыгъэр къыптемы­хьэ­лъэу икIи уехъулIэу еп­хьэкIынущ. Илъэс 30 ипэ­кIэ дохутыр IэщIагъэр къыхихауэ щытащ Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм щыщ Къумыкъу Анфисэ. Абы лъандэрэ щыщIегъуэжа зы махуи къыхуимы­хуауэ зыхэт гупми зэIэ­зэ­хэми я деж и пщIэр щы­лъагэу жэуаплыныгъэш­хуэ зыпылъ Iуэхур ирехьэкI. 
1984 гъэм курыт школыр къиухри, ар щIэтIыс­хьауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ къудамэм. Абы щызригъэгъуэта щIэныгъэ ­нэхъыщ-
­хьэр щыщIригъэубыдэж илъэс лэжьыгъэр, интернатурэр, Къумыкъум щрихьэкIауэ щытащ Бахъ­сэн район сымаджэщым.

- А илъэсыр есхьэкIащ зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI, сымаджэщым и кардиологие къудамэм и унафэщIу лажьэ Бырхьэм Анатолэ и нэIэм щIэту, - жеIэ Анфисэ. - Бырхьэмыр зыхэт гупым я дежкIэ сыткIи щапхъэт: и лэжьыгъэ зехьэкIэкIи, и цIыхугъэкIи. Зи унафэщI къудамэм щекIуэкIыр ищIэрт, лэжьыгъэр сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщ зэрищIыным хущIэкъурт. Дэтхэнэми Iуэ­хукIи чэнджэщкIи дэIэпыкъуэгъу яхуэхъурт. Дохутыр IэщIагъэр къыхэзыха щIалэгъуалэ куэди  гъуэгу захуэ тригъэуващ абы. Сэри куэдым сыхуигъэсащ Анатолэ, IэщIагъэм и «щэхухэр» япэу къысхузэIузыхар аращ. 
- Анфисэ, лэжьыгъэм хэпча япэ лъэбакъуэхэр нобэ сыт хуэдэу уи нэгу къыщIыхьэжрэ?
- Интернатурэ нэужьым Зеикъуэ дэт сымаджэщым лэжьэн щыщIэздзащ. Абы и дохутыр нэхъыщхьэр Бгъэжьнокъуэ Светланэт. А бзылъхугъэм зи унафэщI IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр нэгъэсауэ зэтриухуауэ екIуэкIырт, сымаджэщым и цIэр республикэ псом фIыкIэ щыIуат. Щылажьэ гупрати, Iэзагъыш­хуэ зыхэлъ IэщIагъэлIхэт, дэтхэнэми и къалэныр жэуаплыныгъэ пылъу зэфIихыу. Гуапэу къыспыкъуэкIахэщ, псом хуэмыдэу сахуэарэзыщ нэхъыжьхэм. Илъэс щэщI хъуауэ а гуп зэкъуэтым сазэрыдэлажьэм сропагэ икIи си щхьэр лъагэу сегъэлъагъуж.
Япэу участковэ терапевту лэжьэн езгъэжьащ, иужькIэ нев­рологием сыхуеджэжри, а унэтIыныгъэмкIэ IэнатIэм сыпэ­рытащ. Илъэсищ ипэкIэ сымаджэщым паллиативнэ дэIэпы­къуныгъэмкIэ къудамэ къыщызэIуахащ. Мы зэманым абы и унафэщI къалэныр изохьэкI.
- Къудамэм и лэжьыгъэр нэхъ зытегъэпсыхьар сыт?
- Дэ ди нэIэм щIэтыр яхуэмыгъэхъужын узыфэхэр зыпкърыт сымаджэхэрщ. Паллиативнэ дэIэпыкъуныгъэм зегъэужьыныр узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и унэтIыныгъэ нэхъыщ­хьэхэм ящыщ зыщ. Къапщтэмэ, дызыхуэныкъуэ IэмэпсымэхэмкIэ дыкъызэгъэпэщащ, сымаджэхэм я унэм дызэрыкIуэн машинэ диIэщ. Махуэм къриубыдэу цIыху зыбжанэм я деж докIуэ, я узыр зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми ящхьэщытхын папщIэ тхузэфIэкIыр яхудощIэ. КъищынэмыщIауэ, ди нэIэм щIэт сымаджэхэм махуэ къэскIэ я щытыкIэр зыхуэдэм телефонкIэ зыщыдогъэгъуазэ. Нэхъыбэу дызыкIэлъыплъ сымаджэхэр лышх, инсульт, тхым епха узыфэхэр зиIэрщ, яхэтщ зи щIылъэ­ныкъуэр къызыдэмыбзыжхэр, зи лъакъуэр къыщIэмыувэж-хэр. 
- Анфисэ, медицинэр къыхэзых щIалэгъуалэм сыт хуэдэ псалъэхэмкIэ захуэбгъэзэнт?
- Дохутыр IэщIагъэр гугъущ, гуащIэшхуэрэ къаруушхуэрэ зытекIуадэ лэжьыгъэщ. А IэщIагъэм ущрилэжьэфынур ар гукIи псэкIи къыхэпхауэ щытмэщ, абы щыгъуэщ сымаджэм и узыр зэ­рыщхьэщыпхам къуит гупсэхугъуэр щызыхэпщIэфынур. Лэ­жьыгъэ узыпэрытым гупсэхугъуэ къуимытмэ, ар уи IэщIагъэкъым, уи псэм бэлыхь зэрытеплъхьэжым къищынэмыщIауэ, узэ­пэрыт Iуэхуми сэбэпынагъ лъэпкъ ущиIэнукъым. Уемызэшу щIэ гуэр къызэрыпщIэным ухущIэкъун хуейщ, иджырей технологиехэр щыпэрыт зэманым медицинэм зыужьыныгъэшхуэ-хэр щокIуэкI, IэнатIэм ехъулIэныгъэ ущиIэн папщIэ, щIэныгъэм, Iэзагъэм зэпыу имыIэу хэбгъэхъуапхъэщ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэжращи, цIыху гуапэу, щабэу ущытыфын хуейщ, узым тэмакъкIэщI ищIа сымаджэр япэу зыхуэныкъуэр гугъэ къезытыж дохутырым къыбгъэдэкI псалъэ дахэхэрщ. ЗэрыжаIэу, сымаджэм и узыр псалъэ къудейкIэ щхьэщыпхыфу щытын хуейщ. Мис а псоми ухуэхьэзырмэ, укъимыкIуэту дохутыр IэщIагъэр зэбгъэгъуэт хъунущ. Сэ шэч къытесхьэркъым нобэрей ди щIалэгъуалэм зи цIэр фIыкIэ зэхэтхын IэщIагъэлI нэсхэр къазэрыхэкIынум.
Епсэлъар  ХЬЭЩЭ  Мухьэмэдщ.

Поделиться:

Читать также: