Турист гъуэгухэм я нэIэ тетщ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хиубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и ипщэ гъунапкъэхэм екIуалIэ, километр 27-рэ зи кIыхьагъ Шэджэм II - Булунгу гъуэгухэр зыхуей хуагъазэ. Абыхэм я щытыкIэр егъэфIэкIуэным сыт щыгъуи я нэIэ тетщ турист гъуэгуанэу зэрыщытым къыхэкIыу. Лэжьыгъэр 2022 гъэм яублауэ щытащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, мы зэманым щIадзауэ асфальт тралъхьэ Шэджэм псыкъелъэхэм хуэзэ, километри 2 зи кIыхьагъ гъуэгу Iыхьэм. Абы къыдэкIуэу, лъэс зекIуапIэхэмрэ транспорт гъуэгу Iуфэм Iут гъущI къэухьхэмрэ къагъэщIэрэщIэж. 
Гъуэгухэр иджырей мардэхэм тету зыхуей хуагъэза нэужь ди республикэм зыплъыхьакIуэ къакIуэхэр ди щIыпIэ дахэхэм ящыщ зыуэ къалъытэ Шэджэм аузым тыншу кIуэнущ къыр лъагэ уэздыгъэхэмкIэ, лъэс зекIуапIэ шынагъуэншэхэмкIэ, зыплъыхьыпIэ утыкухэмкIэ, зыхуей хуэза транспорт гъэувыпIэхэмкIэ къызэгъэпэща гъуэгущIэм тету. Гъуэгу лэжьыгъэхэр гъэмахуэм и кIэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIыну я мурадщ.
 

 

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться:

Читать также: