Япэ пакIэр кърахьэлIащ

Налшык Хъураным и цIэр зезыхьэ и уэрамыр мазитIым нэсауэ зыхуей хуагъазэ: гъуэгумрэ лъэс лъагъуэхэмрэ асфальтыр трагъэкъэбзыкIри, зэтес ящIат, уэрамыбгъуитIым щIэлъ, псыр зрикIуэ бжьамий кхъахэ хъуахэри къыщIахат. Налшык къалэ администрацэм и нэIэм щIэту «Стройоптима» ухуакIуэ IуэхущIапIэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм я япэ Iыхьэр мы махуэхэм зэфIагъэкIащ: асфальтыр щIэуэ тралъхьащ, щIадзауэ гъуэгу дамыгъэхэр тращIэ, къэухьхэр ягъэув.

ЛэжьакIуэхэм къызэрыхагъэщамкIэ, гъуэгу лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, уэрамым ирикIуэ газ бжьамийхэм я щытыкIэри къапщытащ, «Къэббалъкъгаз» IуэхущIапIэм и щIэныгъэлIхэр ящIыгъуу икIи ныкъусаныгъэ мащIэхэр ягъэзэкIуэжа нэужьщ гъуэгу лэжьыгъэхэм щыпэрыхьар.
ЗэфIагъэкIын хуейхэм я етIуанэ Iыхьэм лъэс зекIуапIэхэр хиубыдэнущ. Япэми зэрыжытIащи, сэмэгурабгъу лъэныкъуэм плиткэхэр дахэу телъщ, еIусэни хуэмейуэ. Ижьырабгъури абы ещхьу зыхуей хуагъэзэнущ. Иджыпсту лэжьыгъэр нэхъ зытегъэщIар бжьамийхэр щахъуэжа гъуэгубгъухэр, жыг щIагъхэр зэтес щIауэ, щхъуантIагъэхэр щIэрыщIэу хэсэжынырщ.
 

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться:

Читать также: