Къупщхьэлъапщхьэм и зэхэлъыкIэр![]() ЦIыхум и къупщхьэлъапщхьэм лыри, щIыфэри, лъынтхуэхэри ешэкIащ, абы Iэпкълъэпкъыр захуэу еIыгъ, зэрегъакIуэ икIи кIуэцIфэцIым и «хъумакIуэщ». Сабий къалъхуагъащIэм къупщхьэ 270-рэ иIэщ, ауэ цIыхур балигъыпIэ щиувэм ирихьэлIэу и къупщхьэлъапщхьэр пкъыгъуэ 205-207-рэ ирикъужу аращ – языныкъуэ къупщхьэхэр зэпокIэж. Псалъэм папщIэ, щхьэ къупщхьэр, шхужьыр, тхым щыщ IупщIэ зыбжанэ, нэгъуэщIхэри. Къупщхьэхэр псори хуэрэ псантхуэкIэ зэпыщIауэ зэрощIэ. ГъэщIэгъуэнракъэ, щхьэкъупщхьэр пкъыгъуэ 23-уэ зэпкърылъщ, тхыр – 32-34-уэ, дзажэмрэ бгъэгумрэ – 25-уэ, Iэр – 64-уэ, лъакъуэр – 62-уэ. Къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, къупщхьэхэр налъэ-налъэу зэпкърылъщ, я зэхуакум дэт ткIуаткIуэм зригъэбыдылIэу. Къупщхьэм йокIуалIэ эндост, хъыщт, лъынтхуэ, псантхуэ, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэу, къупщхьэ гъуанэхэм илъщ лъыр къэзыгъэщIыж куцIыр. А псори зэуIу хъумэщ, къупщхьэм и къалэныр щигъэзащIэр. КъищынэмыщIауэ, къупщхьэм хэлъщ Iэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэ шыгъу зэмылIэужьыгъуэхэр: кальций, калий, натрий, нэгъуэщIхэри. Къупщхьэлъапщхьэм хеубыдэ щхьэ къупщхьэр, тхыр (мыр Iыхьэ-Iыхьэу егуэшыж: пщэгурыгъ, пщэ тхыIупщIиблыр, бгъэ тхыIупщIэ 12-р, бгы тхыIупщIитхур, кIэпкъ тхыIупщIитхур, кIапцIэ тхыIупщIиплIыр жиIэу), дамэр, шхулъэр, блэгъукIэр, блыпкъыр, IэфракIэр, IэфракIэщIагъыр, Iэпщэ зэрытыпIэр, Iэпхъуамбэ къупщхьэхэр, Iэгу къупщхьэхэр, дзажэхэр, шхужьыр, куэпкъыр, гъуэбзиикIэр, гъуэбзиикIэ щIагъыр, лъэтхьэмпэр. ЦIыхум и къупщхьэлъапщхьэм хьэлъэшхуэ хуэшэчыну, лъагэ гуэрым къелъэмэ, мыкъутэну быдэу къигъэщIащ. Псалъэм папщIэ, куэпкъым и зы сантиметр зэбгъузэнатIэм хуэзэу тонн 58-рэ ешэч! Абы къыдэкIуэу, Iэпкълъэпкъым къупщхьэу илъым и хьэлъагъыр килограмми 9 ирикъуу аращ. Къыхэгъэщыпхъэщ ныбэрылъыр мазищ щрикъум ирихьэлIэу ищхьэIуэкIэ дызытепсэлъыхьа къупщхьэ 270-р зэриIэр. Къупщхьэ нэхъ ин дыдэр куэпкъращ (сантиметр 37-45-рэ и кIыхьагъщ), нэхъ цIыкIу дыдэхэр (сантиметр 0,5-рэ мэхъу дэтхэнэри) тхьэкIумэкIуэцIым илъщ, тхьэкIумэIупсым и щIыбагъ къыдэлъу. ЦIыхум и лъагагъыр зэлъытар и къупщхьэхэм я инагъ-цIыкIуагъращ. Ауэ ар лъагэ хъунуми, цIыкIуу къэнэнуми зэпхыжар Iэпкълъэпкъым къыщекIуэкI химие реакцэхэмрэ гормонхэмрэщ. Гормонхэр къыщыунэхуж эндокриннэ системэр тэмэму мылажьэмэ, цIыхур къэзылъхуа адэ-анэм я теплъэм емылъытауэ, е лъагэIуэ хъун, е цIыкIущэу къэнэныр хэлъщ. Нобэр къыздэсым цIыху нэхъ лъагэу дыдэу къалъытэр США-м хиубыдэ Иллинойс штатым 1918 гъэм къыщалъхуа Першинг Уодлоу Робертщ. Абы и ныбжьыр илъэс 22-рэ щрикъум ирихьэлIэу метри 2-рэ сантиметр 74-рэ и лъагагът. Дунейм тета «цIыкIужьейхэм» я нэхъ лъахъшэ дыдэр 1863-1889 гъэхэм псэуа, Мексикэм щыщ Зарате Лючиещ. Пщащэр илъэс 17 щрикъуам килограмми 2,9-рэ хъурт, сантиметр 66-рэ и лъагагът. ЗэрыжаIэмкIэ, хъыджэбзыр илъэс 20 щрикъум ирихьэлIэу нэхъ пшэр хъуат – килограмми 5,9 ирикъуат. КIуэцIыр зэрыузым, щIыфэр къызэрилъэлъым хуэдэу, ди къупщхьэхэри «сымаджэ» мэхъу, зыхуэныкъуэ витаминхэмрэ химие пкъыгъуэхэмрэ ямыгъуэтмэ. Псалъэм папщIэ, джэдыкIэ кугъуэ, шэ, дыгъэпсыр къызэмэщIэкI цIыхум витамин D хуэчэмщи, и къупщхьэхэр махэ, къуаншэ мэхъу, къопщIантIэ, армырми къемэщIэкI кальцийр Iэпкълъэпкъым кърелъэсыкI. Нэхъапэм рахитыр (аращ зэреджэр а узым) узыфэ мыхъужу къалъытэрт, ауэ ар къызыхэкIыр къахута нэужь, зэфыкIхэм я бжыгъэр куэдкIэ нэхъ мащIэ хъуащ. Щхьэ къупщхьэр, зэрыжытIащи, нэхъапэIуэкIэ зыбжанэу зэхэлъауэ, зэгуэкIэжа къупщхьэщ. Аращи, къыхагъэщхьэхукI щхьэкупцIапцIэ къупщхьэр, натIэ къупщхьэр, нэзэрыхъэр, нэпкъыр, нэжьгъыр, жьэ пхъэбгъур, жьэпкъыр. КIэщIу жыпIэмэ, цIыху щхьэ къупщхьэр Iыхьэ 28-уэ зэхэлъщ икIи абыхэм я зэпылъыпIэхэр IэпхъуамбэкIэ къыпхуэгъуэтынущ, утеIэбэмэ. Щхьэм дыркъуэ игъуэтыныр псом нэхърэ нэхъ шынагъуэщ, сыту жыпIэмэ, Iэпкълъэпкъ псор зезыгъэкIуэж, псантхуэхэр зэкIуэлIэж щхьэкуцIыр абы илъщ. Ауэ щхьэ къупщхьэм иIэщ зэфIэкI телъыджэ, цIыхур щхьэкIэ техуа нэужь, зэрытехуа щIыпIэм хэлъ къупщхьэм удыныр щабэ ищIыфу, адрей къупщхьэхэм лъимыгъэIэсу, я зэпылъыпIэм деж къыщызэтригъэувыIэу. Щхьэ къупщхьэр зы къупщхьэ хъурей закъуэу щытатэмэ, джэдыкIэр зэрыкъутэм хуэдэу, зэгуэпкIынут. Футбол, бокс, зэбэнхэм деплъыну тфIэфIщ, езы спортсменхэми я гъащIэр нэгъуэщIу я нэгу къахущIэгъэхьэркъым. Арами, ахэр щыгъуазэщ я IэщIагъэм фIы къызэрыпэмыкIуэнур, я щхьэм игъуэт фэбжьым, гува-щIэхами, зыкъызэригъэщIэнур. Спортсменыр щхьэкIэ техуа нэужь, чэфым хуэдэу, къипсэлъыр зэхэщIыкIыгъуейуэ, псори фIызэхэзэрыхьу мэхъу. Нэхъ гъэщIэгъуэныжу зэхэлъщ цIыхум и тхыр. Тхыр къупщхьэ 33-рэ ирокъу. Абыхэм зэреджэр тхыIупщIэщ. Щхьэ къупщхьэ лъабжьэм къыкIэщIэт тхыIупщIитIыр – пщэгурыгъыр – адрейхэм ещхькъым. Япэм зэреджэр атлантщ. Абы щхьэр зэриIыгъым къыхэкIыу, пасэрей цIыхушхуэхэм я цIэр фIащащ. ЕтIуанэм щхьэмрэ пщэмрэ зэпещIэ икIи цIыхум и щхьэр зэригъэкIэрэхъуэфыр, зэригъэсысыфыр абы и фIыщIэщ. ТхыцIэм къыхокI бгъэм илъ пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр (тхьэмбылымрэ гумрэ) зыхъумэ дзажэхэр. АдэкIэ, цIыхур зезыгъакIуэ шхужьымрэ куэпкъымрэ тхыцIэм и лъабжьэм къыпоувэ. Языныкъуэ цIыхухэм я тхыцIэр апхуэдизкIэ лантIэщи, щIыбкIэ зрагъэзыхыурэ, я щхьэр я лъакъуэ зэхуакумкIэ къыдагъэплъыжыф, тхыцIэм зыкIи зэран хуэмыхъуу. Къыхэгъэщыпхъэщи, дэтхэнэ зыми хузэфIэкIынущ ар, цIыкIу щIыкIэ щIадзэу хурагъэсамэ. Апхуэдэ зыгъэзэкIэм ухуэмыхьэзыру зупщытмэ, уи тхыр зэпищIыкIынурэ Iэрызехьэу укъэнэнущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, тхыцIэм и кIыхьагъкIэ зыщызыукъуэдия куцIым зыгуэр къыщыщIмэ, пхуэгъэзэкIуэжынукъым, ныкъуэдыкъуэ хъуам и Iэпкълъэпкъыр зыхимыщIэжу, IэкIэ зэрахьэу псэунущ. ТIурытIурэ 12 мэхъу цIыхум и дзажэхэр. Ахэр псори бгъэгум деж щызэхохьэж, и лъабжьэ дыдэм къыкIэщIэтым къищынэмыщIауэ. Абы къыхэкIыу, а тIум дзажэнэпцIкIэ йоджэ. ЦIыхур щыбауэкIэ дзажэхэри мэхъей. Анатомием IупщIу зэхегъэщхьэхукI цIыхухъу шхужьымрэ цIыхубз шхужьымрэ. ЦIыхубзыр лъхуэным къызэрыхуигъэщIам къыхэкIыу, и шхужь къупщхьэр нэхъ бгъуэщ, щабэщ. ЦIыхухъум и шхужьыр нэхъ Iузэщ, къупщхьэри нэхъ быдэщ. Ауэ, сыт хуэдизу къупщхьэр быдэу щымытами, фэбжь ягъуэтмэ, ахэр мэкъутэ. Апхуэдэхэм деж къупщхьэ къутар гипскIэ зэщIашхэри зэпокIэж. Ауэ ар сэбэп щымыхъуи щыIэщ. ИтIанэ дохутырхэм лыр зэгуагъэжри, къупщхьэр зэхуахьэсыж, шурупрэ пластинкэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зрагъэубыдыж икIи, гъэщIэгъуэнракъэ, зэпокIэж. Фырэ Анфисэ.
Поделиться:
Читать также:
18.02.2025 - 15:00 →
Шэриймрэ Жыласэмрэ я медалхэр
18.02.2025 - 15:00 →
Процент 21-м щIигъукIэ нэхъыбэ
18.02.2025 - 14:00 →
Монголиер къахохьэ
17.02.2025 - 18:56 →
КъБР-м и щIыналъэхэм
17.02.2025 - 17:08 →
КъБР-м и щIыналъэхэм
|